ГъащIэ къагъэлъагъуэ
ТхакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим и рассказхэм щхьэхуэу уатепсэлъыхьмэ, ятежыпIыхьынрэ къызэпкърыпхынрэ бгъуэтынущ. ГъащIэм и зэхэлъыкIэм, фIымрэ Iеймрэ зищIысым, цIыхухэм я хьэл-щэнхэм, къалэнхэм, гуапагъэм, бзаджагъэм, куэдым дыдэм теухуащ ахэр. Уи лъэпкъи уи Iыхьлыи, уи ныбжьэгъуи уи жэрэгъуи здэщымыIэ хамэ щIыпIэм уи закъуэу ущыпсэуным гуауэшхуэ куэд къызэрихьынкIэ хъунум теухуащ «Лэчымэ» жыхуиIэ хъыбарыр. НэхъыфIу псэун я гугъэу Исуф и щхьэгъусэмрэ ипхъу закъуэмрэ зыщIигъури Америкэм ежьащ. Ауэ а къэралым щызекIуэ хабзэ мыхъумыщIэхэм ипхъу Назифэ ялъахъэри, хьэбыршыбыру дэувэжащ, ар и гум темыхуэу и пхъур зубэрэжьа Исуфи ягъэтIысащ. Иджыри Америкэм къыщыIэпхъуа къудейм Назифэ и анэ Мариам и гум зэрихуэу жэщкIэ егупсысырт: «ЦIыхуи ирехъу, хьеуани ирехъу, псэ зыIутыр, гъащIэ зиIэр и лъэпкъэгъухэм, къызыхэкIам яхэтыжмэ, зыхуей егъуэт, лъабжьэр егъэбыдэ. Удз гъэгъа къудейр къащтэ: зыхэт щIым зэрыхэту езым хуэдэ зэрымыт щIыналъэм пхьырэ щыхэпсэмэ, зиужьу жылэ къыпыкIынукъым, дахэу къэгъагъэми, и тхьэмпэр пылъэлъыжынурэ кIуэдыжынущ. Абы хуэдэ мыхъуащэрэт си хъыджэбз закъуэр». ЗэрыжиIа дыдэм хуэдэуи къыхущIэкIащ и бын закъуэр. Я лъэпкъым хэтыжатэмэ, ди хабзэ дахэм и жьауэм щIэтыжатэмэ нэгъуэщI гуэру хъуну къыщIэкIынт. «ХьэщIэ лъапIэ» рассказым адыгэ щIалэ Фэуаз лIыгъэ нэс къыщегъэлъагъуэ. Мыбы нэхъ сигу ирихьауэ зы пычыгъуэ къыхэзгъэщыну сыхуейт: «…Ехудийр къыттезэрыхь щыхъум, Iэщэри цIыхури къыдэмэщIэкIырти, унафэ къысхуащIат: «ФхуэмыIыгъунумэ, къалэм фыкъыдэкIи, мыдэкIэ фыкъэкIуатэ», - жаIэри. Сэ си Iумэт офицерхэр зыхуэсшэсри сеупщIат: «Мыращ Iэтащхьэм и унафэр, дауэ тщIымэ нэхъыфI?» НэхъыбитIым унафэм ипкъ иту къалэм дэкIыным нэхъ трагъащIэрт, арщхьэкIэ сэ здакъым: «Фи пашэр сэращ, сэ сыхьэрыпу щытамэ, зыми гурыщхъуэ къытхуищIынутэкъым, ауэ сэ сыадыгэщи, жаIэнур фощIэ – мы къалэм бегъымбар къыщалъхуащ, хьэрып бегъымбарыр ехудийм хаутэ щхьэкIэ адыгэ гузэвэн жаIэнщи, псори дыкъэрабгъэу ди цIэ ягъэIунщ». Ар щыжысIэм, зауэлIхэу аскэр ахъырзэманхэр сиIэти, си псалъэр къабыл ящIащ…». Бетэмал, апхуэдэу адыгэ щIыхьым, адыгэ напэм тегузэвыхь цIыху нэхъыбэ диIатэмэ аратэкъэ. ГъэщIэгъуэну гъэпсащ «Кхъухь пхэнж» рассказри. Шыхэми шыдхэми зыхамыгъэхьэж къыдырыр хьэкIэкхъуэкIэхэм япщ хъууэ ахэр зэригъэунэхъуаращ мы таурыхъыр зытеухуар. Кхъухь псоми зыдащIрэ езыр кхъухьыпщу трагъэувэжмэ, ахэр псым зэпришу жэнэт лъахэм ишэну къигъэгугъащ. Ауэ кхъухьыр пхэнжу ящIри хьэкIэкхъуэкIэм и нэхъыбэр псым итхьэлащ, езы къыдырри дыгъужьымрэ хьэIуцыдзымрэ яшхыжащ. Мы таурыхъым зы гъэщIэгъуэн гуэр хэлъщ. ХьэкIэкхъуэкIэхэм щыщу кхъухь зэращIым и Iэмалыр зыщIэр цыжьбанэ закъуэрат, ауэ абы и жагъуэ ящIати, зыри яжримыIэу игъэзэжри кIуэжащ. Абы хэту шыд пэхум жеIэ: «Пэжыр жысIэнщи, цыжьбанэм зыхимыщIыкI щыIэкъым. Иджыпсту зыгуэр кIэлъывгъакIуи, кIэщIэвгъэдэIухь: гъумэтIымэурэ гъуэгу здытетым кхъухьым и щIыкIэр къиву мэкIуэж. Фи фIэщ мыхъумэ, нэхъ псынщIэу къэзыжыхь гуэр кIэлъывгъакIуэ. КIэпхъ цIыкIур абы иужьым ирагъэуващ, кIэщIэдэIухьыну. Пэж дыдэу цыжьбанэм кхъухь зэращIым и Iэмалыр и щхьэм хужиIэжурэ кIуэжырт. Мыпхуэдэ щытыкIэ хэтщ Нарт хъыбархэм ящыщ «Нартхэм гъубжэ зэращIар» жыхуиIэм. Нартхэм гъубжэ зэращIын Iэмалыр ящIэтэкъыми, Уэрсэрыжь къраджащ абы ечэнджэщыну, ауэ абы зигъэгусэри зыри яжримыIэу ежьэжащ, гъубжэ зэращIым и Iэмалыр Уэрсэрыжь и щхьэм хужиIэжурэ мэкIуэж жаIэри щIалитI иужь ирагъэуващ, апхуэдэу нартхэм къащIауэ щытащ гъубжэр зэращIыр. Мы тхыгъэм щIагъыбзэ гуэр щIэлъу си гугъэщ. Коммунистхэи я системэр щагъэувым щыгъуэ, цIыхухэм я зэхэтыкIам ещхьщ мы таурыхъым къыхэщыж «лIыхъужьхэми» я зэхэтыкIар. Кхъухьыр езыр а системэмэрауэ къэдвгъащти, ар ягъэувын щхьэкIэ цIыху дапщэ хэкIуэдауэ щытар. Кхъухьыр ящIын щхьэкIэ хэкIуэдащ кхъуэпIащэхэр, мэз бжэнхэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, кхъухьыр къызыхащIыкIыр кхъуафэщ, фэдэн ящIри мэз бжэныращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, кхъухьыр пхэнжщ, системэри нэхъ щIагъуэкъым. «Къалэн» рассказыр зытеухуар зауэ зэманым къызэрыгуэкI цIыхухэм дуней тетыкIэрэ зэхущытыкIэу яIарщ. «Iей пщIауэ фIым ущымыгугъ», жыхуиIэ псалъэжьыр уигу къегъэкI. И сабийхэр цIыкIуу къигъанэу хамэлI дэкIуэжа Iурарэ жьы хъуа нэужь гущIэгъу къыхуищIыну зэлъэIуа и къуэм жэуапу къыпихар мыращ: «СыгущIэгъуншэщ, гущIэгъуншэм сыкъилъхуащи. Уэ угущIэгъуншэтэкъэ, сабий быныр дыкъызэхэбнэу лIы ущыдэкIуам? УгущIэгъуншэтэкъэ, илъэсищ фIэкI мыхъуа уи сабийр сымаджэрэ и псэм еджэжу хэлъу уэ зыбгъэнысащIэу лэгъунэм ущыщIэсам? УгущIэгъуншэтэкъэ, лIыжь кхъахэм и кIуэцIыкIыр, и купщIэр ипшхыкIыу унэ нэщIым къыщыщIэбнам?! Уэра гущIэгъу зиIэр?! Уэрат тыншыпIэ зыхуэфащэр?!» - кърехъуэныж и къуэ Псэун. Псалъэмакъ гуемыIум и лъабжьэр мыращ: анэм къалэныр игъэзэщIатэкъыми, бынми хуэгъэзэщIакъым. Анэм зэрихьа Iуэху мыфэмыцхэр къыкIэлъекIуэкIыжащ. Анэм сабийм и къарууэ тригъэкIуадэм хуэдизкIэ и псэр анэм кIэропщIэ. Быным теубгъуа анэм и быныр анэм хуэгумащIэу къохъу. «Сохуапэ, согъашхэри куэдыщэщ», - жиIэу сабийм и псэм дэмыхьэ, махуэ къэс анэм и псалъэ гуапэ, и шхын хуабэ, и гулъытэ зылъэмыIэс сабийр, зэ мыхъуми зэ, щыпэмыплъа дыдэм деж, анэм къегуэуэжынущ. Мы тхыгъэр зытеухуар аращ. ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
20.11.2026 - 12:40 →
Къагъуэтыжащ
| ||




