Интернет щIэпхъаджащIэхэм защыхъумэн хуейщ«Синий кит» интернет джэгукIэ шынагъуэм СМИ-р тепсэлъыхь хъуащ 2016 гъэм. «Новая газета»-м и зы къыдэкIыгъуэм тетащ Мурсалиевэ Галинэ и тхыгъэ, интернет напэкIуэцIхэм ныбжьыщIэхэр заукIыжыну къызыщыхураджэ гуп шынагъуэхэр зэрыщызэщIэлъэIэсым теухуауэ. Ар интернетым щагъэлажьэ сектэ шынагъуэхэм тепсэлъыхьырт, Урысейм и ныбжьыщIи 130-м нэблагъэ абыхэм ятекIуэдауэ хуигъэфащэрт. Iуэхугъуэм тепсэлъыхьырт, зэпкърахынуи и ужь итт жылагъуэ лэжьакIуэхэри щIэныгъэлIхэри. Нэхъыбэ дыдэу хэIущIыIу хъуа джэгукIэ шынагъуэхэм ящыщт «Синий кит» зыфIащар. Абы нэмыщI интернетым къыщикIухьырт «Разбуди меня в 4:20», «Море китов», «f57», «Тихий дом», нэгъуэщI зыбжани. БалигъыпIэ имыувахэр зыхашэрти, кураторхэм абыхэм хуатхырт пщэдджыжь къэс 4:20-м къэушын хуейуэ. Абы ирихьэлIэу цIыху Iэпкълъэпкъыр зэрыхъыжьпIыжьыр къагъэсэбэпырт. ЯгъэзэщIэн хуейуэ хуагъэувхэм нэхъри шынагъуэ зрагъэщIурэ, икIэм заукIыжыну пагъэтIылъырт. КъикIуэтыжыну и ужь ихьэ ныбжьыщIэхэм я унагъуэхэм иращIэнIауэ жраIэрти ягъэшынэрт. Хабзэм и хъумакIуэхэм яубыдащ «Филипп Лис» никыр зэрихьэу ныбжьыщIэхэр интернетым щызыгъэщхьэрыуэу щыта Будейкин Филипп жыхуаIэр. Лис и зэранкIэ зызыукIыжа ныбжьыщIэхэм я бжыгъэр 17 нэсырт. Ауэ щIэпхъаджащIэр зэрагъэкъуэншар IыхьитIкIэщ, илъэсищрэ мазиплIрэ къытралъхьауэ щытащ. 2019 гъэм Будейкин лъэхъуэщым къикIыжащ. 2020 гъэм и мазаем УФ-м и Президент Путин Владимир Iуэхум хэкъузауэ тепсэлъыхьащ, интернет напэкIуэцIхэр къагъэсэбэпурэ ныбжьыщIэхэм я гупсысэхэр зэрагъэутхъуэм тегузэвыхьу. - ЩIэпхъаджащIэхэр къыщIэгъэщыным теухуа лэжьыгъэр зэпымыууэ егъэкIуэкIыпхъэщ, къызэщIэгъэстакIуэхэмрэ Iуэху фIейм хэтхэмрэ къалэжь тезырри ятелъхьэн хуейщ, - щыжиIауэ щытащ ди къэралым и Президентым Урысейм и МВД-м и зэIущIэм. «РИА Новости»-м къызэрыщIигъэщамкIэ, абы щыгъуэ интернет джэгу шынагъуэхэм я кураторхэм я IуэхущIафэхэр щызэбгрырагъэкIырт «ВКонтакте", Telegram напэкIуэцIхэм. Ахэм щIэпхъаджащIэхэм я цIэ- унэцIэхэр нэхъ ягъэпщкIуфырт. «Шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щIалэгъуалэ службэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Армер Леонид зэрыжиIамкIэ, 2017 - 2018 гъэхэм къриубыдэу абы я волонтёрхэм къызэпаудащ куратор - щIэпхъаджащIэ 30-м я IуэхущIафэхэр, 2019 гъэм аргуэру щIэпхъаджащIи 6-м я лэжьыгъэ фIейр. Короновирусым дунейр зэщIицIалэу, Урысейм и цIыхухэр унэм щIэсын хуейуэ ириубыдылIа нэужь, щIэпхъаджащIэхэм я лэжьыгъэр нэхъри къызэщIэрыуащ, Iуэху фIейм и куратору щытыну гупыж зыщIхэми къахэхъуащ. Сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымкIэ центрым и унафэщI Пестов Сергей «РИА Новости»-м жриIат а зэманым къриубыдэу шынагъуэм хэт сабий 30 я нэIэ щIэтауэ. 2017 гъэм «Роскомнадзор»-м "ВКонтакте"-м, "Мой мир"-м, "Одноклассники"-м напэкIуэцI шанагъуэу 168-рэ щигъэбыдащ. 2017 гъэм Пензэ къэрал университетым (ПГУ) юристу щеджэ студентитIым къызэрагъэпэщауэ щытащ «Синий кит» интернет джэгукIэ шынагъуэм пэщIэуэ нэгъуэщI зы джэгукIэ хъарзынэ. Абы фIащащ «Белый медведь». Абыхэм я мурадт зи гупсысэхэр зэрымыубыда ныбжьыщIэхэр Iейм димыхьэхын папщIэ фIым хуэунэтIа нэгъуэщI Iэмалым хуэкIуэну. Хабзэхъумэ IэнатIэхэм хуит зыкърагъэщIри, абыхэм интернетым къыщызэIуахащ езыхэм я напэкIуэцI. ИкIи ар куэдым сэбэп яхуэхъуащ, ныбжьыщIэхэр пэджэжащ «Белый медведь» джэгукIэм. Абы и напэкIуэцIым зыхрагъэубыдащ илъэс 12 зи ныбжьхэм щегъэжьауэ илъэс 40 хъухэм нэс. «Белый медведь» джэгукIэм ныбжьыщIэхэм ягъэзэщIэн хуейуэ пщэрылъ щащIхэр фIы защIэт: унэр зэщIэкъуэн, сабэр лъэщIын, унагъуэм щIыгъуу фильм дахэ еплъын, нэгъуэщI куэди. Иужьрей зэманым ныбжьыщIэхэм я зэхэщIыкIым ебгъэрыкIуэ хъуащ телефон щIэпхъаджащIэкIэ зэджэхэр. Абыхэм щIэблэр ящыхъумэн хуейуэ жиIащ УФ-м и Генпрокуратурэми. Зи цIэ-унэцIэхэр зыгъэпщкIуурэ интернет напэкIуэцIхэм сабийхэм къыщещакIуэхэм Украинэм и спецслужбэм щыщхэри хэту хуагъэфащэ. «Вербовщик» жыхуаIэ интернет щIэпхъаджащIэхэм къаублэжащ онлайн джэгукIэхэмкIэ ныбжьыщIэхэр къагъапцIэу. БалигъыпIэ имыувахэм джэгукIэм и хабзэ хуэдэу онлайн-саугъэтхэр ират. Модрейхэм саугъэтыр къащта нэужь, абы къыпэкIуэу Iуэхутхьэбзэ гуэри ягъэзэщIэн хуейуэ къыпагъэтIылъыж. Ар ягъэзэщIэн ямыдэрэ - къытракъузэу, ягъэшынэу щIадзэ. Психологхэм зэрыжаIэмкIэ, интернет щIэпхъаджащIэхэм я къапхъэным ихуа ныбжьыщIэхэм я хьэл-щэным зэуэ зехъуэж. Нэхъ щхьэхынэ мэхъу, цIыхубэр щызэхуэс щIыпIэхэм кIуэну ягу къыдэжыркъым, жэрдэм яхуэщIыркъым, я зыхуэпэкIэмрэ яфIэфI плъыфэхэмрэ захъуэж, къихъу-къилъ мэхъухэр. Абы гу лъатэн хуейщ адэ-анэхэмрэ и нэхъыжьхэмрэ. ЦIыхухэм интернет напэкIуэцIхэм щатх хъуащ телефон щIэпхъаджащIэхэм я зэранкIэ ящхьэ кърикIуа Iуэхугъуэхэр. Мэхъэчкъалэ щыщ сабий гуэрым телефонкIэ лIы гуэр къепсалъэри къыжриIащ, «микроволновкэ» хьэкум гуахъуэ ирилъхьэу пигъэнэну, газри къиутIыпщу дакъикъи 10-кIэ пэплъэу къэхъум еплъыну. ЩIалэ цIыкIур набдзэгубдзаплъэу къыщIэкIри, я унэр къригъэгъэуэну лIы мыцIыхур щIыхуейм щIэупщIати, «сыбдэIэпыкъуну сыхуейуэ аращ» къыжриIащ. Сабийм и адэ-анэр къриджащ телефон псалъэмакъым иригъэдэIуэну. АпщIондэхункIэ нэхъыжьхэм видео трахащ екIуэкIым. Ди зэманым интернетым къыдит Iэмалхэр куэд хъуащ, абы сэбэпынагъхэр пыщIащ. Ауэ щыхъукIи, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ, щIалэгъуалэм телефоныр яIэрыхьа нэужь, интернетыр къагъэсэбэпу зрагъэса нэужь, абы шынагъуэ гуэрхэри пыщIауэ щытынкIэ зэрыхъунум кIэлъыплъыпхъэщ. Сыту жыпIэмэ, «вербовщик» жыхуаIэ щIэпхъаджащIэхэр зэщIэузэдащ – ахэр щхьэхуэу хуагъасэ ныбжьыщIэр къызэрагъэпцIэну Iэмалхэм. ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2024 - 12:26 →
ЗыкъызыфIэщIыжар щIогъуэж
01.11.2024 - 16:35 →
БэлэрыгъыпIэ диIэжкъым
31.10.2024 - 10:01 →
Жыг пэтми-фэеплъщ
07.10.2024 - 14:24 →
Ахъшэр бгуэшыну гугъущ
07.10.2024 - 11:51 →
Банэхэр, дзакъэхэр, пIастхъэхэр…
|