КъагъащIэр щхьэ дэ дэлъыта?

Дызэрыщыгъуазэщи, зэман жыжьэ дыдэхэм къыщожьэ псэущхьэхэм я гъащIэр цIыхухэм ди IэмыщIэ зэритлъхьэжрэ. Догупсыс мыпхуэдэу: зым и фэр зэрыдахэм, адрейм и лыр зэрыIэфIым, нэгъуэщIхэр дэркIэ шынагъуэу е зэран къытхуэхъуу къызэрытлъытэм къыхэтхыу, ящыщ дэтхэнэри дыукIынкIэ хуитыныгъэ диIэ хуэдэу. 
БлэкIа мыжыжьэмкIэ деплъэкIыжынщи, II Дунейпсо зауэм иужькIэ дыгъужьхэм «щегуэуа» хэгъэгухэм ящыщщ Чехословакиер, Канадэр, ди Кавказыр, нэгъуэщIхэри. И щхьэусыгъуэу къыхагъэщари щыхьхэр, мамыщхэр, Iэмыщхэр Iисраф ящI жаIэрти аращ. Пэжщ, дыгъужьхэм я бжыгъэм щыкIэрыхум, щыхьхэри мэлхэри нэхъыбэ хъужат. ЗэрыжаIэжымкIэ, щыхьхэр апхуэдизу бэгъуати, хъун къыздрах щIыгур, щыщ къыхамынэжу, я лъакъуэхэмкIэ яутэрт. Ауэрэ здекIуэкIым, а псэущхьэхэм яшхын щамыгъуэтыжым, ныбаджагъэм мин бжыгъэ илIыкIащ. ЦIыхухэм, IуэхугъуитIри зэрызэпыщIар къащыгурыIуэм, дыгъужьхэм ещэкIуэныр къагъэтIэсхъащ. ХъупIэхэми зыкъаужьыжащ, щыхьхэми хъункIэ загъэнщIыжащ. Дауи, зэрыгурыIуэгъуэщи, Iэщ бэлэрыгъахэр, гуащIэмащIэу узым ихьхэр, дапщэщи хуэдэу, дыгъужьхэм яIэрыхьэрт икIи яшхырт. 
«ОндатрэкIэ» зэджэм и «адэжь» щIыналъэр Америкэ континентым и ищхъэрэ лъэныкъуэрщ. Аращ къыздрашауэ щытар а дзыгъуэшхуэ лIэужьыгъуэр. Ар и теплъэкIэ фIыцIафэщ е фIыцIафэ-морафэщ. ЩыIэщ зи цы лъабжьэхэр къащхъуи зи ныбэгур дыщафи. Илъэс Iэджэ дэкIащ ахэр СССР-м и щIыпIэ куэдым зэрыраутIыпщхьэрэ: Беларусым къыщегъэжьауэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм нэс. Къэбэрдей-Балъкъэрми кърашат абыхэм ящыщ. АтIэми, псэущхьэ телъыджэщ ондатрэр. Абы псыр фIыуэ елъагъу. Я псэупIэхэр зэрызэтраухуэ щIыкIэри гъэщIэгъуэнщ. Ахэр нэхъыбэу здыхащIыхьыр шэдхэмрэ е шэдылъэ псыIухэмрэщ. Ондатрэхэм япэщIыкIэ «пхъащхьэ» куэду зэрагъэпэщ. ЗэщIакъуэ къудамэ пыдзахуэ-пыщIыкIахуэхэр, губгъуэм е псы Iуфэм къыщыкI къамыл зэмылIэужьыгъуэхэм я жэпкъхэр. Ахэр зэрагъэубыд ятIэрэ хьэндыркъуакъуэцIэнлъкIэрэ. ИкIи бжьыхьэр къызэрихьэу псэупIэ щIыным йоувалIэ. ЩIымахуэм хуэзэу я унэхэр нэхъ лъагэу дращIей. Япэ къатыр зыхащIыхьыр шэдырщ, ар дапщэщи щIыIэтыIэщ. Аращ я гъэтIылъыгъэхэр щахъумэри. ЕтIуанэ къатыр и ухуэкIэкIэ сытым дежи гъущэщ. Мыбдежырщ ондатрэхэм зыщагъэпсэхур. Яхэтщ абыхэм псы Iуфэ лъагэм гъуэ щызыщIи. Мы иужьрейм хуэдэр щызэрагъэпэщыр гъатхэрщ, мыл къутэжыгъуэм хуэзэу. Ондатрэм, щхъуэнтIагъэр къемэщIэкI щыхъукIэ, тхьэмпи, лъабжьи, жыли зыIуегъахуэ, хьэндыркъуакъуи, бдзэжьеи, елыркъэши и мыхьэмышхкъым. 
БлэкIа мыжыжьэм къызэрыхэщыжщи, Совет союзым и зэманым ди тыкуэнхэм ондатрэм и фэм къыхащIыкIа пыIэхэмрэ пщампIэ дахэхэмрэ щащэ хъуат. АрщхьэкIэ, куэд дэмыкIыу цIыхухэр ондатрэхэм нэхърэ нэхъ дахэж норкэхэм дахьэхат. Мыбыхэм я бгъэгур хужьыфэщ, я тхыцIэр фIыцIафэ-кхъуэщыныфэщ, ондатрэхэм къазэрыкIэрыху щымыIэуи, псыр я щIасэщ. Америкэ континентым щыпсэу норкэхэм я цыр нэхъ щабэт, нэхъ фIыцIафэт, езыхэри нэхъ пIащэт, щIэжьей нэхъыбэ къащIэхъуэрти, я нэхъыбэр абыкIэ къраш хъуат. АрщхьэкIэ, телъыджэр аращи, норкэхэр тхьэкIумэкIыхьхэми кIэпхъхэми ятоуэр, уеблэмэ бдзэжьейхэми езыхэм я хэкуэгъу ондатрэхэми ягу щIэгъуркъым.
Бжэнхэм я дежкIэ деIэбэкIынщи, ахэр здагъэIэпхъуэхэм щызэхащIыхьари, гущIыхьэщ жыдмыIэмэ, гъэщIэгъуэныщэщ. Дефо Даниэль «Робинзон Крузо» зыфIища и тхылъ гъуэзэджэм емыджа къытхэту къыщIэкIынкъым. А тхакIуэм и лIыхъужь нэхъыщхьэр «къыщыщIидзауэ» щытар Хуан-Фернандес зи цIэфIэщ хытIыгу гупым язырт. Ахэр мы зэманым зыхыхьэр Чили къэралыгъуэрщ. Дефо Даниэль и зэманым псэуа еджагъэшхуэ Дарвин Чарлз и нэкIэ илъэгъуат икIи щыхьэт техъуат хытIыгухэр къэкIыгъэкIэ зэрыбейри абыхэм сантал мэзышхуэхэр здит щIыпIэхэр зэрыщыкуэдри. Ахэр иужькIэ къэзыгъэунэхуахэм а жыгхэм сантал дагъэ къыщIашырт. Езы санталхэр зыгъэпсэур къинэмыщI къэкIыгъэхэм – кокосхэм, шамбырхэм, къэмыл фохэм - я лъабжьэм къыщIафыкIымкIэт.
Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хуан-Фернандес хытIыгу гупым дызэрыт лъэхъэнэм зыгуэр кIуэмэ, щилъагъунур нэгъуэщIщ: хытIыгухэр губгъуэшэкъракъыу джафэщ, гъащIэ щымыIэжрэ къум нэщIми хуэдэу. АбыкIи ягъэкъуаншэр ищхьэкIэ зи гугъу тщIа бжэнхэрщ. Сыту жыпIэмэ, а псэущхьэхэм яшхыр удзым и закъуэкъым, атIэ жыгхэри ягъу, тхьэмпэ зытет къудамэхэри дагъакIуэу. Бжэнхэр къигъэувыIэркъым «мор бжыхьти, мыдрейр блынти» жыхуаIэм. Уеблэмэ жыг дэпщеинри я IэщIагъэщ. КIэбдз лъакъуэхэмкIэ увурэ, мэ гуакIуэ къызыпих удз дахэхэр щафыщIи щыIэщ. 
Кедр жыг абрагъуэхэр бэгъуауэ къыщыкIыу ижькIэрэ къекIуэкIа Ливан, Марокко къэралыгъуэхэм ахэр зэримытыжымкIи ягъэкъуаншэр бжэнхэращ. А псэущхьэхэрщ зыхуахьыр Африкэ Ищхъэрэм и жьыуэпсым (климатым) къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу зэрызихъуэжари. Илъэс мини 2 – 2,5-кIэ дызэIэбэкIыжмэ, мы континентым и ищхъэрэ лъэныкъуэр мэзышхуэхэмкIэ бейт. ЦIыхухэм бжэнхэр а щIыпIэм зэрырашэу, мэзхэм лъапсэрыхыр къахуэкIуэу хуежьащ. А Iуэхум къыхэкIыуи, мэз псэущхьэхэм я нэхъыбэр зэтелIащ, яшхын щамыгъуэтыжым, куэдым щIыпIэр ябгынащ. 
Зыгуэрхэм жаIэнкIи хъунщ бжэнхэр къэкIыгъэхэм я бийуэ. АрщхьэкIэ, абыкIэ къуаншэр хэт? Бжэнхэра, хьэмэрэ ахэр зыгъэIэпхъуэхэра? 
АдэкIэ декIуэтэкIынщи, XVIII лIэщIыгъуэм икухэм Австралием щитIысыкIа инджылыз унагъуэхэм а щIыналъэм здашат тхьэкIумэкIыхь бжыгъэшхуэ. Зэман дэкIри, ахэр а континентым нэхъыбэж щыхъуащ. «ЗищIыс имытыж» жыхуаIэм хуэдизу бэгъуа тхьэкIумэкIыхьхэр цIыхухэм, яхузэтеIыгъэжыртэкъыми, яIэщIэкIыурэ мэзхэм щIэлъэдэжырт, щхъуантIагъэр щраутыкIыу. Ауэрэ жыг гуэрэныбэхэм зыщыIуагъэхуэн щыщамыгъуэтыжым, губгъуэшхуэхэмкIэ ягъэзащ, къедза хадэхэри зэтрашхыхьу. 
Гузэвэгъуэм хэхуа цIыхухэм губгъуэхэри хадэхэри гъущI банэкIэ къахухьу ирагъэжьат. АрщхьэкIэ, тхьэкIумэкIыхьхэм я лъакъуэр абыкIэ пхуэубыдынт! Зыхыхьэр джафэу къагъанэрт. Щапэмылъэщыжым, а псэущхьэхэми зауэ иращIылIащ. ЖьыхулъатэкIэ ящхьэщыхьэурэ, ахэр къаукIырт, щхъухь зыхэлъ гъуэзкIэ ягъалIэрт. ТхьэкIумэкIыхьхэр Австралием къызэрыщыхутэрэ илъэс 220-м щхьэдэха пэтми, абыхэм иращIылIа зауэр нобэми йокIуэкI. 
БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: