Календарь событий

09 мая 2024

ЦIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар къыщызэIуихым, Егоровэ Татьянэ депутатхэм ехъуэхъуащ махуэшхуэ къэб­лэгъамкIэ:

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зы­хуэсщIхэ!
Ди ветеран лъапIэхэ!
ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ гурэ псэкIэ сыны­вохъуэхъу! 
Нэхъ лъагэ щымыIэу дгъэлъапIэ мы махуэшхуэр лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, зауэлIым и пщIэмрэ и лIыгъэмрэ, фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэту ди Хэкум и хуитыныгъэр зыхъума ди адэхэм, адэ­шхуэхэм, абыхэм я адэжхэм зэрахьа лIыгъэм я ­дамыгъэщ. 

Путин Владимир и къулыкъум пэрохьэ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ. Накъыгъэм и 7-м щегъэжьауэ къэкIуэну илъэсихым (2030 гъэ пщIондэ) къэралыр зыунэтIынур, абы зезыгъэужьынур Путин Владимирщ.