Путин Владимир и къулыкъум пэрохьэ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ. Накъыгъэм и 7-м щегъэжьауэ къэкIуэну илъэсихым (2030 гъэ пщIондэ) къэралыр зыунэтIынур, абы зезыгъэужьынур Путин Владимирщ.

Кремлым и Андреевскэ, Александровскэ, Георгиевскэ пэшхэм цIыху 2600-м нэблагъэ щызэхуэсат. Зэрыхабзэу, мы Iуэхум ирагъэблэгъат Правительствэм хэтхэр, щIыналъэ унафэщIхэр, Конституцэ судым и хеящIэхэр, УФ-м и ХэхакIуэ комиссэм и лIыкIуэхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр, Къэрал Думэм и депутатхэр, журналистхэр, дзэ къулыкъум пэрытхэр (дзэ Iуэху хэхам щыIэхэри ящIыгъуу). Абы ирихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Президентым зи дзыхь иригъэзу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу хэ­хыныгъэхэм хэтахэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, «Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитет» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Ореховэ Каринэ, «Ни шагу назад» волонтёр зэщIэхъееныгъэм и унафэщI Байсиев Темыржан сымэ. 
ПсэлъапIэм техьэн ипэ, Путин Владимир фIэхъус ­ярихащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI ­Матвиенкэ Валентинэ, Къэрал Думэм и спикер Володин Вячеслав, Конституцэ судым и унафэщI Зорькин ­Валерий сымэ. 
Путин Владимир тхьэрыIуэ ищIа нэужь, УФ-м и Къэрал Гимныр къеуащ. АдэкIэ УФ-м и Президентыр къэпсэ­лъащ. Псом япэу абы къэралым и лIыхъужьхэм, дзэ Iуэху хэхам иджыпсту хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ, Хэкум и ­хуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ хъума хъуным псэемыблэжу зэрыпэрытыр къыхигъэщри. 
- Урысейм щыпсэу дэтхэнэми фIыщIэ псалъэкIэ зы­хуэзгъэзэну сыхуейщ, я дзыхь къызагъэзу къулыкъур къызэрысхуагъэфэщам папщIэ, - жиIащ Путин Владимир. - Иджыпсту сщIа тхьэрыIуэм къызэрыхэщщи, къэ­ралым и пашэм и къалэн нэхъыщхьэр Хэкур хъумэным-рэ цIыхубэм хуэлэжьэнымрэщ. Ар пщIэшхуэщ икIи жэ­уаплыныгъэ зыпылъщ. Фыкъызогъэгугъэ адэкIи Урысейм и цIыхубэм я шынагъуэншагъэр си дежкIэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ дыдэу зэрыщытынумкIэ. Си фIэщ мэхъу ­зэман нэхъ гугъухэми дыблэкIыу, нэхъ лъэщыж дызэ­рыхъунур. Ди зыужьыныгъэм ехьэлIауэ мурадышхуэхэр диIэщ. АбыкIэ щIэгъэкъуэныфI къытхуэхъунущ лIэщIыгъуэкIэрэ къыддэгъуэгурыкIуа ди лъэпкъ хабзэхэмрэ унагъуэхэм илъ зэхущытыкIэ дахэхэмрэ. Дэ адэкIи ды­хущIэкъунущ Урысейм къыдэлэжьэну хьэзыр дэтхэнэ къэралми зэхущытыкIэ дахэ худиIэхэм хэдгъэхъуэну. ­КъухьэпIэ къэралхэм Iуэху ядэдмыщIэну жытIэу аракъым. Ауэ абыхэм къыхахын хуейщ: Урысейм и зыу­жьыныгъэм лъэпощхьэпо адэкIи къыхуэхъуну я мурад хьэмэ мамыру дызэрызэдекIуэкIыну щIыкIэм егупсы­сыну? Дэ дызыхущIэкъунур мамырыгъэмрэ шына­гъуэншагъэмрэщ. Тхыдэ къулей диIэщ, ауэ ди блэкIам дерс къыхэтхыфу щытын хуейщ зэманым дызыпэщIигъэувэ гъэунэхуныгъэхэм дыпэщIэтыфын хуэдэу. Нобэ зэрытлъагъущи, цIыхубэм егъэлъапIэ жэуаплыныгъэр, пэжагъыр, цIыхугъэр, лIыгъэр. Хэкум IуэхуфIкIэ, пэжкIэ бгъэдэтхэм къэралым и IэнатIэ псоми увыпIэ лъагэхэр щагъуэтыным си къару псори есхьэлIэнущ. КъыдэкIуэтей ди щIэблэр зэрыдгъэсэнуми гулъытэ хэха хуэтщIын хуейуэ къызолъытэ - Урысейр нэхъ лъэщ хъуныр, къэралым зиужьыныр зэлъытар ахэращ. Къэралым и Президентым и пщэрылъхэр сыт и лъэныкъуэкIи згъэзэщIэну фыкъызогъэгугъэ. Абы щыгъуэми къыхэзгъэщыну сы­хуейт зи гугъу сщIахэр къыдэхъулIэныр куэдкIэ дызэры­зэкъуэувэм елъытауэ зэрыщытынур. Ди япэ итахэм ехъу­лIэныгъэ щIаIар сыт щыгъуи Хэкур япэ ирагъэщу зэ­ры­щытарщ. Ар ди щапхъэу къэкIуэну зэманым зыхуэдгъэ­хьэзырыпхъэщ. Дызэгъусэу сытри тлъэкIынущ.
УФ-м и Президентыр и къулыкъум зэрыпэрыхьам и щIыхькIэ, Кремлым деж топышэ 30 зэдагъэуащ. АдэкIэ Путин Владимир Соборнэ утым щеплъащ Президент полкым хэтхэм ягъэхьэзыра зыкъэгъэлъэгъуэныгъэм. Ар щIалэхэм ехъуэхъуащ полкыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 88-рэ зэрырикъумкIэ. 
Путин Владимир хэту Благовещенкэ соборым ще­кIуэкIа тхьэелъэIур иуха нэужь, Патриарх Кирилл къэралым и Президентым ­ехъуэхъуащ и гур мамыру, зэувэлIа IэнатIэ мытыншыр къехъулIэу лэжьэну.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Iуэхур зэрекIуэкIам щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ Урысейм дежкIи дуней псом ехьэлIауи мыхьэнэшхуэ зиIэ политикэ Iуэхугъуэ къызэрыхъуар.
- Урысей Федерацэм и Президенту цIыхухэм хаха Путин Владимир и къулыкъум пэрыхьащ. Иджыблагъэ абы Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам щигъэбелджы­лащ къэралым зэрызиужьыну гъуэгумрэ ар зэдгъэ­хъулIэн папщIэ, щIыналъэхэм ди къалэн нэхъыщ­хьэ­хэм­рэ, - жеIэ КъБР-м и Iэтащхьэм. - Нобэ дигурэ ди щхьэрэ зэ­телъу ипэкIэ дыкIуэтэфыну къыщIэкIынтэкъым ди ­экономикэм и лъабжьэр быдэу щымытамэ, социальнэ Iуэхухэм гулъытэ хэха ямыIамэ, цIыхубэм ди пашэм дзыхь иримыгъэзу щытамэ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр зи фIыгъэр ди Президентым лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэ­кIуэкIарщ, Урысеймрэ абы и цIыхухэмрэ ар хуэпэжу зэ­рыбгъэдэтырщ. Ди Хэкур къарууншэ ящIыныр я гуращэу къытпэщIэува къэралхэм Урысейр хахуэу япэщIэтщ, ди щIалэхэм лIыгъэ яхэлъу ди къэкIуэнур яхъумэ. Къэралым и пашэм и къэпсэлъэныгъэр Урысейм и текIуэ­ныгъэм теухуа псалъэхэмкIэ иухащ: «Дызэгъусэу сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэми дыпхыкIыфынущ икIи ди мурадхэр къыдэхъулIэнущ. Дызэкъуэтмэ, дытекIуэнущ!» Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэм а псалъэхэр ди гъуазэу сыт щыгъуи дыщIыгъунущ ди Президент Путин Владимир!
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: