Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

Сурэтым щыфлагъу цIыхубзхэращ абы щыгъуэм килограмм 254-рэ зи хьэлъагъ, метри 2 зи инагъ адыгэ хьэлыуэ нэхъ ин дыдэр зыгъэхьэзырар. Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр зэрагъэлъапIэ Iуэхугъуэхэм хыхьэу къызэрагъэпэща зэхыхьэм цIыхубзхэм дамыгъэ лъапIэхэр щратащ, щэнхабзэ щIэиныр хъумэным, лъахэ цIыкIум и щIыхьыр Iэтыным хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIым папщIэ. 
Тэрч муниципальнэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэмрэ ахъшэ саугъэтхэмрэ бзылъхугъэхэм яритащ районым Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и управленэм и унафэщI Шэрий Юрэ.
ФIыщIэ псалъэхэр жиIащ район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Алъхъэс Аскэр. Тыгъэ лъапIэхэр, щIыхь тхылъхэр бзылъхугъэхэм яхуигъэфэщащ Тэрч щIыналъэм и цIыхубзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Дзэгъащтэ Марие. Псалъэ гуапэхэр жиIащ Хьэмидей къуажэм и Iэтащхьэ Чэрим Артёми. Дэтхэнэми къыхигъэщащ ди лъэпкъ шхыныгъуэхэр хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Хьэмидей къуажэм цIыхубзхэр зыхэт и советым и унафэщI Борий Ритэ жиIащ «Вкусы России» зэхыхьэм рекордыр зэрыщагъэувыфар псоми я ехъулIэныгъэу къызэрилъытэр, зэгурыIуэу зэрызэдэлэжьам ар къызэрыпэкIуар. 
Шэч зыхэмылъращи, адыгэ хьэлыуэр IэфIыкIэ къудейкъым, атIэ щIэблэхэм зэIэпах пасэрей IэщIагъэщ. ФIыщIэу щыIэр яхуэфащэщ ар шхын къабзэу, гурыхьу къэрал утыкум изыхьэфа ди цIыхубз лъапIэхэм. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: