«Гардарика - Кавказ» арт-фестивалыр КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ. Ар траухуащ Пушкин Александр къызэралъхурэ мы гъэм илъэс 225-рэ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ.
Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу православнэ чыристэнхэм сохъуэхъу махуэ НэхумкIэ!
Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэкIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезыгъаджэ Жэрыщты Аринэ.
Дыгъэм и дунейпсо махуэр накъыгъэм и 3-м 1994 гъэм къыщыщIэдзауэ хэгъэгу куэдым щагъэлъапIэ. АбыкIэ жэрдэм къыхэзылъхьауэ щытар Дыгъэм къыпкърыкI къарур къэгъэсэбэпынымкIэ къэрал зэхуаку жылагъуэм и Европей къудамэм хэтхэрт.