ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ![]() Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэкIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезыгъаджэ Жэрыщты Аринэ. Адыгэ ныпым и плъыфэм мыхьэнэ зэриIэр, абы тет вагъуэ пщыкIутIыр адыгэ лIакъуэхэр къызэрагъэлъагъуэр, шабзищыр зэрызэблэдзар мамырыгъэм зэрыхущIэкъум и дамыгъэу зэрыщытыр абыхэм яхутепсэлъыхьащ гъэсакIуэр сабийхэм. Апхуэдэ нып дахэ зепхьэу укъызыхэкIа лъэпкъым уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. ЩIалэ цIыкIухэм гушхуэу ныпыр кърахьащ утыкум. Пщащэ цIыкIухэм Iэнэ лъакъуищыр адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ къаузэдащ.
Поделиться:
Читать также:
12.02.2025 - 12:35 →
Зи цIэр лъэпкъ литературэм къыхэна лIыфI
10.02.2025 - 19:11 →
БлэкIамрэ нобэмрэ зэпащIэ
09.02.2025 - 13:00 →
Гъуазджэм щIыналъэхэр зэпещIэ
07.02.2025 - 15:17 →
ФIыр хъумэным къыхуезыджэщ
05.02.2025 - 19:38 →
Нэхъыбэ ящIынущ
|