ТекIуэныгъэ Иным траухуэ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Ин къызэрыщахьрэ мы гъэм илъэс 79-рэ зэрырикъум. 

ЗэIущIэм хэтащ республикэм и лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Абыхэм зэхыхьэм къыздахьащ ТекIуэныгъэ Иным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа я адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ я сурэтхэр.

КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт зэIущIэр къыщызэIуихым жиIащ Урысейм ис лъэпкъ щэ бжыгъэхэр зэкъуэзыгъэува ТекIуэныгъэ Иным иращIэкI махуэшхуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы дяпэкIи хэхъуэу, нэхъри ягъэлъапIэу зэрыкIуэнур. ЗэIущIэм хэтхэр абы къыхуриджащ Хэку зауэшхуэм ди къэралым исхэм щызэрахьа лIыгъэм, лIыхъужьхэм я фэеплъхэр яхъумэн зэрыхуейм нэхъыбэрэ тепсэлъыхьыну.

- Ди къалэн нэхъыщхьэр ди нэхъыжьхэм яку дэлъа зэкъуэтыныгъэр зыщыдмыгъэгъупщэнырщ. Зы танкым исащ хэкум и къыщхьэщыжакIуэ урыс, къэзакъ, дагъыстэн зауэлIхэр, лъэпкъ зэхэгъэж ямыщIу, - жиIащ Гергоковым. - Дуней псом и къэрал куэдым ТекIуэныгъэм и мыхьэнэр ягъэкIуэдыну, тхыдэр къратхыкIыжыну я ужь щитщ, зауэлIхэм я фэеплъхэр зэхакъутэ, Георгий и лентIыр ядэркъым, Украинэм фашизмыр къыщагъэщIэрэщIэж. Абы и щхьэусыгъуэр щIэблэр я адэшхуэхэм я лIыгъэм иримыгушхуэу, ТекIуэныгъэ Иныр къахьын папщIэ зыхэта гузэвэгъуэр зыхамыщIэу къагъэтэджынырщ. Лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я унафэщIхэм сепсэлъылIа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъ псоми къахэкIа щIалэхэм дзэ Iуэху хэхам къалэнхэр зэрыщагъэзащIэр гурыIуэгъуэ сщыхъуащ.

Украинхэм я «Днипро» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI Харенкэ Светланэ къытеувыIащ ТекIуэныгъэ Иным и пэ къихуэу зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм. Апхуэдэщ «Читаем детям о войне» урысейпсо Iуэхур. Абы щIигъужащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьа лIыхъужьхэмрэ зауэ нэужьым мамыр гъащIэр зэфIэзыгъэувэжа нэхъыжьыфIхэмрэ зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунур, дызэкъуэувэу щIэблэр тхыдэм щIэтпIыкIын зэрыхуейр.

Белорусхэм я «Сябры» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI Сидорук Павел тепсэлъыхьащ къэралым и дэтхэнэ зы цIыхури и тхыдэм щыгъуэзэн, зэпымыууэ ТекIуэныгъэ Иныр ягъэлъэпIэн, абы и мыхьэнэр зыхащIэн зэрыхуейм.

Азербайджанхэм я «Азери» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI Дадашев Алий жиIащ къэралым лъэпкъ псори и къыщхьэщыжакIуэу зэрыщытымрэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ щIалэхэр зэрызэкъуэтымрэ зэрыуасэншэр.

ЗэIущIэм хэтахэр зэчэнджэщащ къэралым и тхыдэм щIалэгъуалэр зэрыщыбгъэгъуэзэну Iэмалхэм ятеухуауэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: