Зэманым жьы хуэмыщI уэрэд

Абы щыгъуэ дзэм къулыкъу щыс­щIэрт, университет нэужьым армэм сраджауэ. Дагъыстэным щIыр щы­хъейри къулейсызыгъэ зыкъом къахуихьати, гузэвэгъуэ хэхуа цIыхухэм ядэIэпыкъуну кIуахэм ящыщт сэ сы­зыхэхуа частри. Нэхъыбэу дызэ­лэ­жьыр ухуэныгъэ зэхэкъутахэр зэфIэ­гъэу­вэжынырт. Дауи, пхужыIэнутэкъым дызыхуей дыхуэзэу. Жэщым дыщыжеин дгъуэтрэ ерыскъыкIэ лей къыттемыхьэмэ, къэтлъыхъуэшхуи щы­­Iэ­тэкъым. Дыкъыщыдэхуэ тIэкIу­хэм деж щхьэж и щхьэ зэрыхутегъэужт.

Апхуэдэу здекIуэкIым, махуэ гуэ­рым сэлэт гупыфI стадионым дашащ хабзэхъу­мэхэм дыдагъэIэпыкъуну. Къы­зэ­ры­щIэкIамкIэ, а махуэм Мэхъэчкъалэ къыщызэIуахынут щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ Урысейм и махуэхэр. Щхьэж и щытыпIэр дагъэлъагъуу стадионым  дыхагуэша нэужь, куэдрэ зысплъыхьынуи сыхунэмысу, зэуэ гу лъыстащ гуфIэжу цIыху гупым ядэуэршэр Щомахуэ Амырхъан и нэгу угъурлым. Сыбгъэдыхьэри зыкъомрэ сыбгъэдэтащ гу къыслъимытэу. ИтIанэ, мы сэлэтри зыхуейр сыт жыхуиIэу, и нэр къыстриу­быдэри, дзыхьмыщI-дзыхь­мыщIу къы­зэупщIащ: «Арсен, уэра мыр? Сыт мыбы щыпщIэр?» Псори зригъащIэри, тIэкIу­рэ гупсыса нэужь, къызжиIащ: «Ди республикэм щыщу цIыхуищ дыкъэкIуэн  хуеят мыбыи, зи Iуэху хуэхъуар си закъуэщ. ТхьэмахуэкIэ дыщыIэнущи, ухуей­­уэ щытмэ, ди делегацэм ухезгъэтхэнщи, ди гъусэу къэпкIухьынщ. Фи командирхэм хуит укъащIыныр сэ си Iуэхущ». Апхуэдэ ухуэмей щыIэт? Арати, Амырхъан и фIыгъэкIэ ди республикэм и делегацэм сыкъыхэхутащ.
ХьэщIэхэм Дагъыстэныр къызэхакIухьынут гуп-гупурэ гуэшауи, Амырхъан езыр зыхэт гупым сыхригъэтхащ. Щхьэхуэ дыхъуа нэужь, слъагъухэр си фIэщ мыхъужу, сызыхэхуахэм сахоплъэ: Кажлаев Мурад, Френкель Ян, Барто Агния, Михалков Сергей, Гамзатов Расул … ДыздэкIуэнум дынэса нэужь, зи цIэ жаIэурэ сценэм кърашэхэри, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, зи унэцIэ зэхэтх защIэт. Апхуэдиз цIыху цIэрыIуэр мыбы къызэрыщызэхуэсам, шэч хэмылъу, Гамзатовым и фIыщIи хэлът. УсакIуэшхуэ къудейтэкъым Расул, ныбжьэгъу и куэдт, жумартт, гушыIэрейт, дэтхэнэ зыми фIыуэ зыкъригъэлъагъуфу. Ар сэри мызэ-мытIэу си нэгу щIэкIат, тенджыз Iуфэм дачэ унэ тIэкIу щищIырти, сэлэтхэр дэIэпыкъуэгъу дызэрыхуэхъуам цIыхугъэ дызэ­хуищIри.
Псори щыгъуазэт Расул Iэнэм пэ­рысын зэримыжагъуэм. Мыр щытхэр дапщэщ жыпIэу бгъэщIагъуэрт. Ауэ ар фIыуэ зыцIыхухэм ящIэрт Расул нэхумыщым къэтэджурэ зэрылажьэр, цIыхухэм я лэжьакIуэ пэрыхьэгъуэм къэбгъуэтыжыну зэрыгугъур. «Ар сэ дэнэ щысщIэнт, - шхыдэрт Ян Френкель, Расул хуеплъэкIыурэ - и усэм уэрэд къыщыхэтщIыкIым фIыуэ дгъэ­кIэщIын, зыгуэрхэри зэтхъуэкIын хуей хъуати, депсэлъэну, дыгурыIуэну къытхуэу­быдыртэкъым. Насып диIэти, Расул и щэ­хум зыгуэрым щыгъуазэ ды­хуи­щIащ».
А псалъэхэм иужькIэ, Расул къыпи­дзыжынум хунимыгъэсу, композиторыр пианинэм бгъэдэтIысхьэрт, и Iэпхъуамбэ пIащэхэр мыпIащIэурэ клавишэхэм трикъузэрти, макъ зэпIэзэрыткIэ уэ­рэ­дыр иришажьэрт. А зэманым «Кърухэр» уэрэджыIакIуэ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ягъэзащIэу щIадзами, езы композиторым хуэдэу зыми хужымыIэу къыпфIэщIырт. КъедаIуэхэми Iэгуауэ зэпымыужкIэ къытрырагъэгъэзэжырт, абы иужькIэ утыкум къихьэнухэм къалъымысыжынIауэ къыпфIигъэщIу.
Илъэс 50-м щIигъу блэкIащ абы лъандэрэ. А зэманым къриубыдэу мызэ-мытIэуи яужь сихьат «Кърухэр» адыгэбзэкIэ зэздзэкIыну. Ауэ икIэм зэи схунэгъэсакъым. Иджыщ си мурадыр щызэзгъэхъулIэфар. КъызэхъулIауэ щытмэ.

Гамзатов Расул

Кърухэр

КъысфIощIыр сэ зауаем къимыкIыжу
ЗэуапIэ губгъуэм къизынахэм псэр,
Уафэгум ихьэжауэ къру хужьу,
Нобэр къыздэсым я хэщIапIэу пшэр.

Уафэгум итщи лъагэу кърукIапсэр,
Блолъэт ешауэ, къаджэурэ блолъэт,
А макъым щэхуу кIэлъыджэжу ди псэр,
Псэхугъуэ дэри щIылъэм щыдмыгъуэт.

КъуэкIыпIэм хуокIуэр къаджэурэ кърухэр,
Пшэ хужьым хэкIуэдэжу макъ ешар,
Сэра къысфIэщIу ираджэжыр ахэм,
Топлъызэр си нэр кърухэм гъуэгу пхашам.

Зэгуэр къэсынщи сэри си ухыгъэр,
Кърухэм щIыгъуу уэгум сихьэжынщ.
ЩIым къытезнахэм къыфхуепсыну дыгъэр,
СылъаIуэурэ, си гъуэгум  хэзгъэщIынщ.

ЗэзыдзэкIар  Джэрыджэ  Арсенщ.

Поделиться: