НОБЭНакъыгъэм и 20, блыщхьэ Метрологием и дунейпсо махуэщ Бжьэхэм я дунейпсо махуэщ Фэбжь зыгъуэтам еIэзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ 1939 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ артист», «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ. 1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гугу Рашад. 1935 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЖьэкIэмыхъу Мусэбий. 1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэх Сэфарбий. 1948 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Аджырэ Аслъэн. 1955 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ и нэтынхэм я редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Тэтрокъуэ Астемыр. 1974 гъэм къалъхуащ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ Люсанэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 17, жэщым градуси 8 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Пщы зыфIэпщым пщылI къыпфIещ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 16:00 →
НОБЭ
07.05.2025 - 16:56 →
Астрономием и махуэ
07.05.2025 - 12:04 →
НОБЭ
06.05.2025 - 09:27 →
НОБЭ
05.05.2025 - 15:55 →
НОБЭ
|