НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 26, махуэку

Информацэм и дунейпсо махуэщ
ВакъащIэм и дунейпсо махуэщ
1832 гъэм
къызэрагъэпэщащ Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я Штаб Нэхъыщхьэм и Дзэ академиер.
1941 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Къумахуэ Мурадин.
1952 гъэм къалъхуащ КъШР-м щIыхь зиIэ и художник Хьэгъундокъуэ Мухьэмэд.
1962 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Жыласэ Маритэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 6, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи адэ къошхыдэкIэ, зумыгъэгусэ, уи анэ къыпщытхъукIэ, зумыгъэсэхъу.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ
23.11.2026 - 12:39 → НОБЭ