ЩэкIуэгъуэм и 25, бэрэжьей
ЦIыхубзхэм залымыгъэ якIэлъезыхьэным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм и мамырщIэкъу дзэхэм я махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ пшынауэхэм я махуэр
1935 гъэм СССР-м щагъэуващ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр.
1927 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Шэвлокъуэ Пётр.
1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, публицист, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ЛIыхъусэжь Хьэжрэтбий.
1979 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик ХъуакIуэ ФатIимэт.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм къешх-къесу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3 - 4, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дыщэ унэ нэхърэ уи унэжь.