Гъатхэм и гъэгъахэр
Накъыгъэм и 19-м, пионерхэм я махуэм хуэзэу, пэщIэдзэ-курыт классхэм щеджэхэр мэзым дунеяплъэ яшэрт. Дауэдапщэхэр зэфIэкIа нэужь цIыкIухэм кърачырт абы ирихьэлIэу къэгъагъэ ландыщэр. Арат япэ гъэгъауэ унэм щIахьэри. Абыхэм къадэкIуэнкIэ хъурт мэзбзий къыхэкIагъащIэхэм я тхьэмпэшхуэхэр, андэгурэр, япэу къэщхьэлъэ сэтэнейхэр. ПэщIэдзэ классхэм щеджэхэм губгъуэ удз гъэгъа фIэкIэ зыхэмылъ апхуэдэ Iэрамэхэр школыр къэзыуххэми, егъэджакIуэхэми тыгъэ хуащIырт, щымыгуфIыкIыуи къанэртэкъым. Мэжджыт жыгхэмкIэ дгъэзэжынщи, ахэри унагъуэ къэс яIэтэкъым. Георгинэхэм хуэдэ къабзэу, сирень къудамэ къаIэрыхьамэ, унэ гъэдахэу нэхъыбэрэ псым зэрыхагъэтыным хэтт. Иужь дыдэу унагъуэхэм (псом хуэмыдэу къуажэдэсхэм) ягъэкIыу хуежьащ розэхэр тюльпанхэр, нарциссхэр. Иджыпсту къалэхэми къуажэхэми гъэгъа лIэужьыгъуэу щымыIэ щыIэкъым. Япэм щыIахэм къахэхъуащ гибридхэри, нэгъуэщI щIыпIэхэм, уеблэмэ къэралхэм кърашхэри. Школхэр къэзыуххэм ятепщIыхьмэ, ахэр гъэгъа Iэрамэ къызэрыгуэкIхэм арэзы техъуэныр фIэщщIыгъуейщ. ПщIантIэхэм языныкъуэхэр оранжерейхэм къазэрыкIэрыху щыIэкъым. А япэм щыIа къамыл щIыху къудейхэм лIэужьыгъуэрэ плъыфэу къытрагъэхъукIам бжыгъэ иIэкъым. Ауэ, сыт хуэдиз къемыжьами, щымыIэххауэ къэмыунэхуами, ди щыхьэрым, фэтэр куэду зэхэт унэ бжэIупэхэм кIуэ пэтми нэхъыбэу щыхасэ хъуащ ландыщэхэр, епэрхэр. Мэжджыт жыгхэм ящIыгъуу, мы махуэхэм зыкъызэIуахащ дандыщэхэм я гъэгъа хужьыбзэхэми. Къалэм и гъэгъа - щхъуантIагъэ гъэпсыкIэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд гъэ псом щхъуантIэу ит удз дэжей банэм. Ахэр бжыхьхэми, уеблэмэ къатитIу зэтет унэхэм я блынхэми драгъэкIей. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абыхэм унэхэр сабэм, псыIагъэм щахъумэ. А удзхэм хуэдэ къэгъуэтыгъуейщ къуалэбзухэр фIыуэ зылъагъухэмкIи - абы и тхьэмпэ Iувхэм махуэ псом хэзу хэсынущ бзуущхъуэ цIыкIухэр. ЩхъуантIагъэхэмрэ гъэгъахэмрэ я дахэгъуэ гъатхэр псоми зэхуэдэу фIыуэ ялъагъу. Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:
Читать также:
14.02.2025 - 16:32 →
Сом меларди 9-м щIигъу
14.02.2025 - 16:27 →
Лэжьыгъэ купщIафIэ ирагъэкIуэкI
14.02.2025 - 15:34 →
Тхылъыр – тыгъэу!
14.02.2025 - 13:23 →
КIэрыхур ягъэмащIэ
14.02.2025 - 13:18 →
Жылагъуэ Iуэхухэмрэ щIэныгъэ лъагъуэмрэ
|