Футболыр псоми яйщ

Налшык къалэм дэт «Сабийхэм я стадионым» мы махуэхэм щокIуэкI тэмэму зэхэзымыххэм футболымкIэ я зэхьэзэхуэ. Ди республикэм и командэм нэмыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхуэсащ Мэзкуу къалэм, Новгород, Волгоград областхэм, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием щыщ гупхэри.

ЗэIущIэм и къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэт, КъБР-м тэмэму зэхэзымыххэм спортымкIэ я федерацэм и унафэщI Тэркъан Таймураз зэрыжиIамкIэ, махуипщIым и кIуэцIкIэ зэпеуэм командих щызэдэджэгунущ икIи ахэр псори зэрызэ зэIущIэнущ. КъызэрыгуэкI футболым щыщыIэ хабзэхэрщ мыбы къыщекIуэкIыр, къызэрыщхьэщыкIыр зыщ: хьэндрэфийм нэмыщI, судьям нып цIыкIу IэщIэлъщ, топджэгу губгъуэм итхэм абы и унафэр къагурыIуэн хуэдэу.

«Къэралым тэмэму зэхэзымыххэм футболымкIэ и командэ къыхэхам ядэлажьэхэр къэкIуэну дащогугъ, ди зэIущIэхэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъыну, нэхъыфIхэр къыхашыну», - жиIащ Тэркъаным.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы гъэм фокIадэм Налшык щекIуэкIынущ тэмэму зэхэзымыххэм футболымкIэ я Урысей чемпионат.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

Читать также: