Кавказ Ищхъэрэм мэкъумэшымкIэ дыщынэхъыфIщ![]() 2030 гъэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш-промышленнэ комплексым псори зэхэту продукцэу къыщIигъэкIым и куэдагъым и уасэр сом меларди 180-м нагъэсын мурадхэр щыIэщ. 2023 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. Иужьрей илъэситIым къызэрагъэлъэгъуамкIэ, республикэм и зыужьыныгъэм проценти 10-кIэ хигъахъуэурэ макIуэ. НобэкIэ, Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал управленэм къызэритамкIэ, щIыналъэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым къыщIигъэкI продукцэм и куэдагъым и уасэр сом мелард 96 - 97-м нызэрохьэс. Абы къыдэкIуэу, республикэм и мэкъумэш IэнатIэм хэлъхьэныгъэфI хуещI КъБР-м и щIыналъэ валовэ продуктым – процент 16,3-рэ. Псалъэм папщIэ, 2023 гъэм мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIащ сом мелард 96-рэ и уасэ, АПК-м и продукцэм и индексыр проценти 110,1-рэ хъуащ. А псом нэмыщI, зы цIыхум къылъысу мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIым и куэдагъымкIэ: проценти 104,9-рэ иIыгъыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм япэ увыпIэр щиIыгъщ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
17.03.2025 - 12:30 →
Сом мелард 1,5-м щIигъу къыхрагъалъхьэ
16.03.2025 - 15:49 →
Вындыжьым и насып щыгъэхэр
|