Борсэ Алан ятокIуэ![]() «Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 33-м я боксери 100-м щIигъу, гуп 12-у гуэшауэ икIи ахэр щIэбэнащ УФ-м спортымкIэ и мастер цIэмрэ саугъэт щхьэхуэхэмрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэхьэзэхуэм хэтащ Борсэ Алан. Килограмм 63,5-м я деж щызауэ ди щIалэм иригъэкIуэкIа зэIущIиплIыр и хьэрхуэрэгъухэм къафIихьащ икIи зэпеуэм и чемпион хъуащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Челябинск къалэм нэгъабэ щекIуэкIа «Танкоградым и Кубокми» Борсэ Алан япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ. ЩIалэм и тренерыр ШэрыIужь Заурщ. АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 17:16 →
Тэрчым щыщ ныбжьыщIэхэр зэпоуэ
11.09.2026 - 13:12 →
ЗэкIуий зэкъуэшхэр къыхожаныкI
07.09.2026 - 14:26 →
Псэм и къарур нэхъ инщ
07.09.2026 - 14:23 →
Домбеякъ медалу тIу
07.09.2026 - 14:21 →
Iэпкълъэпкъыр псынщIэ зыщI Iэмал
| ||





