Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Ди ветеран лъапIэхэ!
ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ гурэ псэкIэ сынывохъуэхъу!
Нэхъ лъагэ щымыIэу дгъэлъапIэ мы махуэшхуэр лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм, зауэлIым и пщIэмрэ и лIыгъэмрэ, фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэту ди Хэкум и хуитыныгъэр зыхъума ди адэхэм, адэшхуэхэм, абыхэм я адэжхэм зэрахьа лIыгъэм я дамыгъэщ.
Илъэс пщIы бжыгъэхэр блэкI пэтми, мы махуэр псэм и къарум, бий гущIэгъуншэр зэтезыкъута, Хэкур къезыгъэла, ЕтIуанэ дунейпсо зауэр захуагъэр текIуэу езыгъэуха, къикIуэт зымыщIэ ди цIыхубэм яхэлъ зыхъумэжыныгъэ къарум, я псэм и быдагъым я нэщэнэ дахэу къонэ.
Дэ зэи тщыгъупщэнукъым ди республикэми зэрыкъэралуи а ТекIуэныгъэм щIата уасэр. ДыпсэухукIэ дгъэлъэпIэнущ Хэкум папщIэ зи псэр зытахэм я цIэхэр, бэлыхь псоми пхыкIыу, къимыкIуэту бийм текIуа лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэм дригушхуэнущ.
Мы махуэм дэ гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI фIыщIэ псалъэхэр яхудогъазэ Хэку зауэшхуэм хэтахэм, я къарури гуащIэри фронтым щыIэхэмрэ ТекIуэныгъэмрэ трагъэкIуадэу, псэемыблэжу тылым щылэжьахэм. Абыхэм Хэкум папщIэ зэрахьа лIыгъэр ди дежкIэ щапхъэу, хэкупсэ гурыщIэмрэ абы цIыхум хуиIэпхъэ лъагъуныгъэмрэ я дамыгъэу щытынущ.
Шэч хэмылъу, дэ фIыщIэшхуэ яхудощI, нобэ гуэрым къызэщIэрыуэжа нацизмэм гъуэгу ирамытын папщIэ, псэемыблэжу дзэ Iуэху хэхам хэту Хэкум и гъунапкъэр зыхъумэхэм. Апхуэдэхэм ябгъурытщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэ хахуэхэри. Дэ дрогушхуэ абыхэм икIи икIэщIыпIэкIэ ТекIуэныгъэр я Iэпэгъууу я жьэгу пащхьэ къекIуэлIэжыну дохъуэхъу.
Ди хэкуэгъу лъапIэхэ!
ТекIуэныгъэм лъабжьэ быдэ хуэхъуар лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралышхуэм и цIыхубэр зэрызэкъуэтырщ. А зэкъуэтыныгъэрщ нобэми ди Хэкушхуэр къэзыхъумэр, Урысейм къэкIуэну дахэ зэриIэр уи фIэщ ищIу фIым ущызыгъэгугъыр.
Сынывохъуэхъу, си хэкуэгъу лъапIэхэ! ИугъащIэ ТекIуэныгъэм и махуэм!
Узыншагъэ быдэр, фIыгъуэр, ехъулIэныгъэр фи Iэпэгъуу фыпсэуну сигукIи си псэкIи сынывохъуэхъу!