ЦIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ![]() КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и Президиумым и зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар къыщызэIуихым, Егоровэ Татьянэ депутатхэм ехъуэхъуащ махуэшхуэ къэблэгъамкIэ: - ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр къызэрыблэгъамкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу. 1945 гъэм накъыгъэм и 9-р цIыхубэр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ, ди къэралым и тхыдэм дыщэпскIэ хатха махуэщ. Хэку зауэшхуэм хэта ди адэжьхэм, тылым и лэжьакIуэхэр сыт щыгъуи ди щапхъэу щытынущ, яхэлъа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, Хэкур фIыуэ зэралъэгъуамрэ зэрыхуэпэжамрэ тщыгъупщэнукъым. Абыхэм я фэеплъырщ дэ лъэрызехьэ дызыщIыр, сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэми дыпхызыгъэкIыр. Апхуэдэ махуэшхуэхэм Урысейм щыпсэухэр дызэкъуегъэувэ, иджыпсту дзэ Iуэху хэхам хахуэу хэт ди лIыхъужьхэр трегъэгушхуэ, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





