Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъуКъэрэшей-Шэрджэсым и Лъэпкъ Зэхуэсым и депутату щыта, самбэмкIэ дуней псом и чемпион Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Черкесск къалэм щекIуэкIащ. Ар къызэрыхах зэпеуэу щытащ икIи абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ я бэнакIуэу 200-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ зэхьэзэхуэм щыбэна Къудей Беслъэн килограмм 49-рэ хъухэм я деж дыщэ медаль къыщихьащ. Абы зымащIэкIэ къакIэрыхуащ Джэданэ Къантемыррэ (кг 46-рэ), Къанщауэ Темырланрэ (кг 53-рэ). Абыхэм зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ.
Командэр зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзырар ПшынащIэ Муратрэ Къарэмышэ СулътIанрэщ.
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр хэтынущ Урысейм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мэкъуауэгъуэм Кемеровэ къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм.
Поделиться:
Читать также:
20.01.2026 - 11:18 →
Нэхъ лъэщхэр наIуэ мэхъу
20.01.2026 - 09:58 →
Шабзауэхэр зэпоуэ
19.01.2026 - 17:46 →
Спорт хъыбархэр
19.01.2026 - 15:38 →
Орел зэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр
| ||




