Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч![]() Мэзкуу областым хыхьэ Сколково щIэныгъэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Мы махуэхэм абы и «Live Арена» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тэрч щIыналъэм къыщалъхуа бэнакIуэ, адыгэ щIалэ Шэрий Иналбэч. Килограмм 70 зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ди щIалэм зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэр къыфIихьащ Дагъыстэным и бэнакIуэ Шираев Курбан, бжыгъэр 7:4-уэ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, Урысейм и чемпион цIэ лъапIэр япэу зэIэригъэхьащ.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 14:14 →
Дубай кIуэнухэр
17.06.2025 - 18:49 →
Бжэр япэу къызэIуех
17.06.2025 - 16:35 →
ПлIыми медаль зырыз къахь
15.06.2025 - 12:59 →
Мырзэкъан Азэмэт Америкэми щытокIуэ
08.06.2025 - 13:07 →
Тэрч щIыналъэм щызэхуос
|