Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм газым теухуауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр къращэхун икIи ягъэувын, социальнэ  газификацэм (и кIэм нагъэса газификацэ) теухуа лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIын папщIэ льготэ зиIэ цIыхухэм зыщIагъэкъуэным хуэгъэзауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ

2024 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м                                          Налшык къалэ                                          №54-ПП

 2024 гъэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я бюджетхэм льготэ зиIэ цIыхухэм газым теухуауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр къращэхуным икIи ягъэувыным, социальнэ газификацэм (и кIэм нагъэса газификацэ) теухуа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыным трагъэкIуэдэн папщIэ субсидиехэм ящыщ Iыхьэр зэрырат Хабзэхэу Урысей Федерацэм «Энергетикэм зегъэужьыныр» къэрал программэм, Урысей Федераэцм и Правительствэм 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м къищта унафэ №321-мкIэ щIэгъэбыдамрэ (адэкIэ къызэрыкIуэнур - 2024 гъэм субсидиехэр зэрыхуаутIыпщыну хабзэхэущ), Урысей Федерацэм и Правительствэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 7-м къыдигъэкIа унафэ №551-р-мрэ япкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ПромышленностымкIэ, энергетикэмкIэ, сатумкIэ и министерствэр къэлъытэн 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм газым теухуауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр къращэхун икIи ягъэувын, социальнэ газификацэ (и кIэм нагъэса газификацэ) теухуа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIын папщIэ субсидиехэр (адэкIэ къызэрыкIуэнур субсидиехэу) зэрыратыну щIыкIэхэр зэхэзылъхьэну икIи къэзыщтэну Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и уполномоченнэ гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэу.

2. Льготэ зиIэ цIыхухэм 2024 гъэм ягъуэтыну хэщIхэм ящыщ Iыхьэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым къакIуэ субсидиехэр къызэрагъэсэбэпым кърикIуахэр мыпхуэдэ бжыгъэм тещIыхьын: «Газыр падзэным теухуауэ цIыхухэмрэ газыр зыгуэш IуэхущIапIэхэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэр 8 мэхъу».

3. Урысей Федерацэм и бюджет законодательствэм ипкъ иткIэ субсидиехэу ятыну я пщэ далъхьахэр зыгуэш IуэхущIапIэ нэхъыщхьэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ПромышленностымкIэ, энергетикэмкIэ, сатумкIэ и министерствэр.

4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и мыпхуэдэ унафэхэм къару ямыIэжу къэлъытэн:

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм социальнэ газификацэм зыщегъэужьыным ехьэлIа Iуэху щхьэхуэхэм ятеухуауэ» 2023 гъэм мазаем и 28-м къыдэкIа №29-ПП-м (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэмрэ зыуэ щыт я портал (www.pravitelstvo.kbr.ru) , 2023 гъэм гъатхэпэм и 2-м);

«Льготэ зиIэ цIыху языныкъуэхэм газым теухуауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр къращэхун икIи ягъэувын, ухуэныгъэм ирашэлIа бжьамийхэр газ зыгуэш бжьамийхэм падзэным теухуа лэжьыгъэхэр ягъэзэщIэн папщIэ субсидиехэр зэрырат ЩIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 20-м къыдэкIа №118-ПП-м (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэмрэ зыуэ щыт я портал ((www.pravitelstvo.kbr.ru), 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м;

«Льготэ зиIэ цIыху языныкъуэхэм газ къэзыгъэсэбэп Iэмэпсымэхэр къращэхун икIи ягъэувын, газым теухуауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэмрэ унэ бжьамийхэр зыгуэш бжьамийхэм падзэным (технологиекIэ пащIэным) хуэгъэзауэ лэжьыпхъэхэм хыхьэу, езыхэм я щIы Iыхьэхэм ахэр ирашэлIэфын папщIэ субсидиехэр зэрырат щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къыдэкIа №300-ПП-м (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэмрэ щIыпIэ самоуправленэм и органхэмрэ зыуэ щыт я портал (www.pravitelstvo.kbr.ru), 2023 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м.

5. Къэбэрдей-Балкъэр Республикэм и кIэм нагъэса газификацэ щрагъэкIуэкIкIэ газым теухуауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэмрэ ухуэныгъэхэр газ зыгуэш бжьамийхэм падзэным (технологиекIэ пащIэным) хуэгъэза лэжьыгъэхэм хиубыдэу, льготэ зиIэ цIыху языныкъуэхэм газым теухуауэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр къращэхун икIи ягъэувын, езыхэм я щIы Iыхьэхэм лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIын папщIэ субсидиехэр зэрырат щIыкIэхэу Къэбэрдей-Балък ъкэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм мазаем и 28-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм социальнэ газификацэм зыщегъэужьыным ехьэлIа Iуэху щхьэхуэхэм ятеухуауэ» къыдигъэкIа унафэ №29-ПП-м къыщыгъэлъэгъуахэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и иджырей унафэмрэ щыубзыхуахэм тету икIи субсидиехэр зратым апхуэдэ щытыкIэм иту и пщэ дилъхьэжа къалэнхэр щигъэзащIэкIэ хуитыныгъэхэм я лъэныкъуэкIэ яку къыдэхъуэ зэхущытыкIэхэр лэжьыгъэхэр зэфIэкIыхукIэ къызэтенэжауэ гъэувын.

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ  Алий.

Поделиться: