Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УказКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщI лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №151-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ 1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщI лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым хэтхэу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщI лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2015 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м къыдигъэкIа Указ №49-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №151-УГ-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) Советым мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн: Уэрыш С. А. - щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ (зэрызэгурыIуам тету) Вэрокъуэ З. В. - «Газпром межрегионгаз Налшык» жэуап зэпыгъэщхьэхукIа зыхь обществэм и унафэщI нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету) Нэхущ А. Т. «Промсвязьбанк» акционер обществэ зэIухам и Ставрополь къудамэм и «Къэбэрдей-Балъкъэр» IуэхущIапIэм и унафэщI нэхъыщхьэр Цемахович А. А. «КАВКАЗ. РФ» акционер обществэм и унафэщI нэхъыщхьэм и япэ къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету); б) Балэ А. М. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Фрукт-Трейд» жэуап зэпыгъэщхьэхукIа зыхь обществэр къызэIузыхар» (зэрызэгурыIуам тету); в) Вындыжь Ч. Хь. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Авант-Алко» жэуап зэпыгъэщхьэхукIа зыхь обществэм и унафэщI нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету); г) Къаздэхъу А. Б. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я союз» лэжьапIэ зытхэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр» (зэрызэгурыIуам тету); д) Джыназ Р. А - А. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Отбор» секлекцэ-жылэгъэкI центр» жэуап зэпыгъэщхьэхукIа зыхь обществэр къызэIузыхар» (зэрызэгурыIуам тету); е) Советым хэгъэкIын Баранов А. А., Къэрмокъуэ Хь. М., Лъэпщ Р. В., Хьэжу В. С. 2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек Налшык къалэ 2024 гъэм мэлыжьыхьым и 3-м №19-УГ
Поделиться:
Читать также:
06.12.2025 - 09:30 →
Путин Владимир упщIэкIэ зыхуэвгъэзэну фыхуеймэ
03.12.2025 - 12:34 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
03.12.2025 - 12:31 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
03.12.2025 - 12:29 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
27.11.2025 - 10:00 →
Адыгэхэр лъэпкъышхуэхэм хабжащ
| ||




