Гулъытэ лъапIэ

ЩэкIуэгъуэм и 19-м Мэзкуу щекIуэкIа «Транспортым и тхьэмахуэ» XX дунейпсо зэ­хуэ­сышхуэм Къэбэрдей-Балъ­къэрыр гъуэгу ухуэны­гъэ­хэмкIэ пэрыт хъуа щIыналъэхэм яхэту къыщыхагъэщащ. «ГъащIэм хуэщIа инф­раструктурэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ республикэм къыхуагъэфэща тыгъэ­хэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек къритащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. 

Лъэпкъ проектыр Къэбэр­дей­-Балъкъэрым зэры­щыла­жьэрэ, стратегие и лъэныкъуэ­кIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гъуэгухэр пщIы бжыгъэкIэ зэрагъэ­пэ­щыжри, машинэхэм хуит хуа­щIащ. Зытетыпхъэ мардэм нагъэсащ километр 1300-м ­щIигъу. А лэжьыгъэм зэпыу иIэкъым. 
«УФ-м и Правительствэми ТранспортымкIэ министерствэми фIыщIэшхуэ яхузощI ди лэжьыгъэм зэрызыкъыщIагъакъуэм папщIэ, - иритхащ и напэ­кIуэцIым КIуэкIуэ Казбек. – Щхьэхуэу я фIыщIэр къы­хэзгъэ­щыну сыхуейщ ди лэжьа­кIуэхэу гъуэгу-транспорт къуда­мэм щы­лажьэхэм. Абы­хэм респуб­ликэм и экономикэм хуащI хэлъ­хьэныгъэр абрагъуэщ». 
 «Гъуэгу ухуэныгъэхэр «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» проектым и Iыхьэ нэхъыщ­хьэхэм язщ, - жиIащ Хуснуллин Марат тыгъэр ди республикэм къыщыхуигъэфащэм. - Гъуэгу­хэр зэIузэпэщу щытыным мы­хьэнэшхуэ иIэщ къэралым дежкIэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ экономикэм зеужь, цIыхубэм я псэу­кIэр йофIакIуэ. 
 Лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, 2030 гъэ пщIондэ ди къэралым хиубыдэ псэупIэ 2160-м щы­ты­кIэр процент 30-кIэ щедгъэ­фIэкIуэну ди мурадщ. ЦIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ щып­сэу щIыпIэхэм гъуэгуфI щы­Iэным. Нобэрей IуэхукIэ абы­хэм я процент 80-р зытетыпхъэ мардэм нэдгъэсащ, къэрал зыбжанэм зэдай гъуэгушхуэхэми долэжь. А псор тхузэфIэкIынутэкъым, щIыналъэ щхьэхуэхэм я унафэщIхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэм нэмы­щIамэ. 
«ГъащIэм хуэщIа инфраст­руктурэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, гъуэгу ухуэныгъэхэм я лъэныкъуэкIэ 2026 гъэм щы­тыкIэ нэхъыфI дыдэ къызэригъэлъэгъуам папщIэ, дипломрэ «дыщэ гъуэгуубэ» дамыгъэмрэ нобэ Iэрохьэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм. ФIыщIэ хуэс­щIыну сыхуейщ щIыналъэм и унафэщIымрэ гъуэгум е­лэжь IуэхущIапIэхэмрэ я къалэным напэ къабзэкIэ зэрыбгъэдэтым, Урысейм и гъуэгухэм уасэ зимыIэ хэлъхьэныгъэ зэ­рыхуащIым папщIэ. 
ЛэжьэкIэр дяпэкIи къэдгъэ­лалэ хъунукъым, ди къэралым ущызекIуэныр кIуэ пэтми нэхъ тынш хъун хуэдэу. Гъуэгум ­цIы­ху псори къытохьэ, дэри цIыху къэс зыхуей хуэдгъэзэну ды­хуейщ».
 КIуэкIуэ Казбек Хуснуллиным фIыщIэ хуищIащ: «КъытхужиIа псалъэ гуапэхэмрэ ди лэжьыгъэм уасэшхуэ зэрыхуигъэувамрэ папщIэ, сигуми си псэми къабгъэдэкIыу, сыт хуэдэ зэмани щIыналъэм къыщытIэт жэрдэмхэр къыддэзыIыгъ Марат Шакирзян и къуэм фIыщIэ хузощI. ТхузэфIэкI псори хуэгъэзащ дэтхэнэ зы цIыхуми и псэукIэр ефIэкIуэным».

Поделиться: