ГъэрхэмкIэ сату щIэнымрэ адыгэхэмрэ

Зи арэзыныгъэ хэмылъу гъэрхэмкIэ сату щIэным хаша адыгэм дежкIэ ар, шэч хэмылъу, лъэпкъым и нэлат хъуащ. Адыгэ лъэпкъым иухуа дуней еплъыкIэм зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр къитIасэртэкъым икIи езым и жылагъуэ гъащIэм зэпымычу IэщIыб ищIырт.

Адыгэ гъащIэм къимыгъэщIауэ, дыкъэзыухъуреихь къэралхэмрэ лъэпкъхэмрэ дэгъуэгурыкIуэурэ, и лъабжьэр хэку щIыбым къыщежьэу ди хэгъэгу гъунэм зыщызыужьа Iуэхугъуэщ гъэркIэ сату щIэныр. Мы псалъэхэр етхьэлIэ хъунущ мы сату лIэужьыгъуэмкIэ Ахыным (хы ФIыцIэм) и Кавказ Iуфэм лъагъуэ пхырызыша пасэрей алыджхэми, урымхэми, IуэхущIафэ фIейр лъагапIэщIэкIэ дэзыгъэIэпхъуея франджыхэми.

«Гъэр гъуэгур» зыIэщIэлъым елъытауэ, адыгэхэр зыхаша щхьэхуимыт сатур лъэхъэни 4-кIэ бгуэш хъунущ. Ахэр, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къедбжэкIмэ, мыхэращ: Алыдж-Урым, Визант, Франджы, Тырку.

Алыджхэр Ахын и ищхъэрэ Iуфэхэм къыщоунэху ди лъэхъэнэм ипэ, VII - VI лIэщIыгъуэхэм. Я къалэхэр къызэрагъэпэщурэ, щIыпIэхэр зей лъэпкъхэм сату щIэгъэхуэбжьа драгъэкIуэкIыу щIадзэр. Псом япэ дыдэу абыхэм зи Iуэху зэрахуэр гуэдзымрэ гъэрхэмрэщ. ЩIэупщIэм гъэлъагъуэр къегъэщI. Ахын Iуфэм япэ гъэр щIапIэхэр къыщызэIуаххэр. Абазэ-адыгэхэр къызытепщIыкIыжа керкетхэм, торетхэм, синдхэм, мэуэтхэм зауэхэм щаубыд гъэрхэр абыхэм кърахулIэу яублэ.

Алыджхэм яужь иту, захъуэжурэ, урымхэмрэ византхэмрэ пащащ а Iуэхум. Сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ къэмыхъуами, ахэр нэхъуеиншэу хущIэкъурт гъэр сатум зэрызрагъэубгъуным. Адыгэм и курыт лIэщIыгъуэ тхыдэм лъэужьышхуэ къыханащ франджыхэм. Италием щыщ хьэрычэтыщIэ жыджэрхэр лъэ быдэкIэ Ахын Iуфэм щыуващ XII лIэщIыгъуэм, тIэкIу нэхъ гувауи IузэвымкIи (Азов) Iэпхъуахэщ. Хы ФIыцIэ Iуфэм сату щIапIэу 39-рэ абыхэм къыщызэрагъэпэщат. Нэхъ ин дыдэхэр - Къаффэ, Матрега (Тэмтэрэкъей), Мапа (Анапэ), Бата, Копа къалэхэр - щаухуар адыгэщIт. Франджыхэмрэ адыгэхэмрэ я сатум увыпIэ нэхъыщхьэ щызыIыгъар къедбжэкIа къалэхэм щрагъэкIуэкIа гъэр щэн-къэщэхунращ.

Гъэрхэм я уасэр ткIийуэ зы мардэм тетакъым. Ар щагъэувкIэ къалъытэрт и теплъэр, ныбжьыр, IэщIагъэу иIэхэр.

Зауэм къуентхъыу къащыIэрыхьа цIыхухэм я бынхэр я теплъэкIэ дахэмэ, зэкIужмэ, ахэри ящэрт. Уеблэмэ ахэрат гъэр сатуущIэхэр нэхъ зыщIэхъуэпсыр. Тэтэрхэми адыгэ зыхэт гъэрхэми ардыдэрат иращIэр. Ауэ франджыхэр къыхуашэ цIыху бжыгъэкIэ иримыкъуамэ, къэхъурт пэгъунэгъу адыгэ жылэхэм щытеуэ. Адыгэхэми щIыхуэ зытрагъэлътэкъым, хы Iуфэ быдапIэхэм теуэурэ франджыхэр кIэсу ирахьэжьэрти, ермэлыхэр, журтхэр я дэлэлу, тэтэрхэм иращэрт.

Тхыдэм дегъэлъагъу Къаффэ щащэу щыта гъэрхэм я нэхъыбэр Кавказым зэрыщыщар. Гъэрхэм я зы Iыхьэр Ахын Iуфэ Iут франдж мэчанэхэм щызэтеувыIэрт. Ауэ я нэхъыбапIэр Мысырымрэ нэгъуэщI муслъымэн къэралхэмрэ къыщыхутэрт. Абы и зы щхьэусыгъуэт 1263 гъэм Мысырым и пащтыхьым гъэр къищэхун папщIэ хы ФIыцIэм бгъэдыхьэпIэ къызэрыхуигъуэтар. 1379 гъэм Генуерэ Мысыр сулътIанымрэ зэгурыIуащ муслъымэн пащтыхьым и бжаблэ итхэм Къаффэ сату щрагъэкIуэкIыну хуиту. Ауэ абыхэм къалэн зыщащIыжырт чыристэн диныр къэзыщтэну гупыж зыщIхэр уасэ пыухыкIакIэ къаутIыпщыжыну.

ЛъэныкъуитIымкIэ фейдэ зыхэлъ сатум псынщIэу зиужьырт. Пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ зей Адыгэ Хэкум зи гугъу тщIы Iуэху бзаджэр щекIуэкIырт, щхьэхуимытхэр гъэр сатум Iэрагъэхьэу.

1592 гъэм Венецием и лIыкIуэ Бернардо Л. Уэсмэн къэралым теухуа тхыгъэм къыщыхегъэщ Тыркум мегрелхэмрэ адыгэхэмрэ гъунапкъэ зэрахуиIэр. Абы зэритхымкIэ, ахэр тыркухэм дежкIэ гъэр хэхыпIэу щытщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гъэрхэр Iэщым хуэдэу кърашри, Истамбыл бэзэрышхуэм щащэр. НыбжьыщIэу гъэрыпIэ ихуа адыгэхэр ящэрт къуэкIыпIэ къэралхэм щыунэIутыну е хьэрэмхэм (гарем) щIэсыну. Апхуэдэ щIыкIэщ мамлюкыдзэри къызэрыунэхуар. 1553 гъэм Венецием и лIыкIуэ Наваджеро Б. итхыгъат тырку сулътIаным хьэрэмиплI зэриIар. Абы къыхигъэщырт хым е тафэм зауэ щекIуэкIыху, чыристан зэмылIэужьыгъуэхэм я бынкIэ - бэлгъэрхэмкIэ (болгар), гъуртхэмкIэ (мэжэр, венгр), арнэутхэмкIэ, алыджхэмкIэ, адыгэхэмкIэ, урысхэмкIэ, нэгъуэщIхэмкIи ахэр зэрагъэнщIыр.

Венецием и нэгъуэщI зы лIыкIуэми, къэдгъэлъагъуэмэ, Винченцо ди Алессандро, 1572 гъэм пащтыхь пщIантIэм щытепсэлъыхьым къыхигъэщат бзылъхугъэ гъэрхэр псори адыгэрэ куржыуэ зэрыщытар. Мустэфа пащтыхьым и анэр адыгэт.

Италием и къалэ зыбжанэм я дэфтэр тхылъхэр щыхьэт тохъуэр гъэрхэр куэду XIV - XV лIэщIыгъуэхэм Европэм и къэралхэм къызэрыщыхутэу щытам. Италием цIыхубз гъэрхэм нэхъ щIэупщIэ щиIэт, цIыхухъу нэхъ здашэ муслъымэн хэкухэм етлъытмэ. Адыгэ бзылъхугъэхэм абдеж (Италием) увыпIэ пыухыкIа щаIыгът. XIII лIэщIыгъуэ лъандэрэ Генуе къалэм щIэлъ дэфтэрхэм къагъэлъагъуэр адыгэ гъэрхэр нэхъ лъапIэу ящэу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, илъэс 14 хъу адыгэ хъыджэбз цIыкIур аспр 500 и уасэт, апхуэдэ ныбжь дыдэ зиIэ лезгин пщащэр 370-рэ фIэкIа щимыуасэм, адыгэ щIалэ цIыкIу илъэс 14 хъур аспр 760-кIэ щащащ, гъуртыр (венгрыр) аспр 130-кIэ щащам щыгъуэ...

ГъэркIэ сату зэращIэм и теплъэ нэхъыщхьэм XIX лIэщIыгъуэм и кум нэсыху зихъуэжакъым. А лъэхъэнэм Адыгэ Хэкум къэкIуауэ щыта Фредерик Дюбуа де Монпере (Франджым щыщт) итхыгъат: «Сыт хуэдэ зэмани пасэрей Зихыр гъэр сатущIапIэу щытащ. Ар къызэрекIуэкIрэ илъэс мин бжыгъэ хъуащ. ЖыпIэ хъунущ мы хэкум щыщу цIыху мелуан зыбжанэр хамэ щIыпIэхэм къыщыхутауэ. Ухыгъэм и гъуэгухэм нэхъ хэщIыкIышхуэ хузиIэу щытыгъамэ, сегупсысынт адыгэ лъэпкъ дахэр нэхъ зэIыхьахэм хигъэшыпсыхьыжу къигъэщIэрэщIэжын мурад зэриIам».

АдэкIэ де Монпере къыжеIэр лIэщIыгъуэкIэрэ мы хэкум гъэр сатур къыщекIуэкIми, адыгэм а Iуэхум ехьэлIауэ зэпимыупщIыфын мардэ зэриIэр: пщыми уэркъми я бын зэи зэримыщэнур, щхьэусыгъуэ лъэщ гуэр къахукъуэмыкIмэ. Адэм и быныр ищэну хуитми, къулейсызыгъэм ирихулIэ тхьэмыщкIэхэм фIэкIа зыми къигъэсэбэпыркъым ар. КъинэмыщIауэ, лъыщIэжым щошынэхэри, зы адыгэм нэгъуэщI и лъэпкъэгъу ищэркъым, пщым и пщылIыр ищэну хуиттэкъым, хашагъэрэ епцIыжыныгъэрэ зэримыхьамэ, ари лъэпкъ зэхуэсым (хасэм) и унафэ химылъхьауэ.

Нэмыцэм щыщ Гакстаузен Iуэху гъэщIэгъуэным и щыхьэт хъуащ. 1843 гъэм и гъэмахуэм ар IущIат урысхэм яубыда тырку кхъухьым. Абы илъэс 12 - 15 зи ныбжь адыгэ хъыджэбз цIыкIуих ист. Ахэр Истамбыл щащэну яшэу арат. Куэд щIауэ Урысейм хуэжыIэщIэ зы пщыи ист а кхъухьым. Урыс инэралым пщащэ цIыкIухэр къыщиутIыпщыжым яжригъэIащ, хуеймэ - урыс офицерхэмрэ къэзакъхэмрэ щхьэгъусэу яритыну, хуеймэ - я пщым я гъусэу я унэ ягъэзэжыну, «хьэуэ» жаIэрэ Гакстаузен и гъусэу Истамбыл яригъэшэну. Хъыджэбзхэм зэдежьууэ Истамбыл къыхахащ.

Нэмыцэ зыплъыхьакIуэр Iэнкун зыщIа Iуэхум и щхьэусыгъуэр къызэрыгуэкIщ. Абы и лъабжьэр, ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа Монпере зэрилъытэу щытамкIэ, пщащэхэм я дахагъэр къагъэсэбэпурэ, Тыркум нэхъ псэукIэфI щызэрагъэгъуэтыну зэрыщыгугъыр арат. А гугъэр щIигъэхуабжьэрт мылъку гуэр зэзыгъэгъуэту хэкум къэзыгъэзэжхэм зэрахьэ шыпсэхэми.

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гъэр сатущIэным къыхэкIыу адыгэм теIукIа цIэр ткIэрыпщIа хъуащ. Къэралым Кавказыр къэзэунымрэ адыгэ лъэпкъым геноцид ещIылIэнымрэ иригъэкIуэкI политикэр игъэзэхуэн папщIэ, адыгэ нэсым и «теплъэм» Iэмал имыIэу хъунщIэныр, фыщIэныр, лей зехьэныр, гъэр щIыныр храгъэубыдэурэ къекIуэкIащ. ЛъэкI къагъэнакъым адыгэ пщы-уэркъыр «лъэпкъым и гъэпщылIакIуэу», абы къыщыдэхуэм деж хъунщIэ зэпыту щытауэ жаIэнымкIэ. Ауэ щыхъукIи, адыгэхэр зыгъэмысахэм «ящыгъупщат» 1861 гъэ пщIондэ и цIыхум и процент 96-р гъэрыпIэм зэритар. Америкэм и Штат Зэгуэтхэр гъэрыпIэм «щыпыкIар» 1865 гъэращ.

Урыс-Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэм дыпхрыплъыжмэ, адыгэхэм я деж гъэрыпIэм иувар унагъуэм щыщ хъурти, зейм ишхыр ишхырт, езым и хьэпшып иIэжт, щхьэусыгъуншэу удын традзэныр къемызэгът. Адыгэр «гъэрыгъэм» хуэхейуэ зэрыщытам и щыхьэт нэхъыщхьэу къэтлъытэ хъунущ ди хэку и кIуэцIкIэ а Iуэхум зэрызыщимыужьари.

ДЗЫГЪУЭНЭ Тимур.
Поделиться: