КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий

Дунейпсо тхыдэм и напэкIуэцIхэр гъэнщIащ зи мыхьэнэкIи купщIэкIи зэмылIэужьыгъуэу щыт Iуэхугъуэ куэдкIэ. Абы къыщыгъэлъэ­гъуа къэхъукъащIэхэм я нэхъыбапIэр епхащ цIыхубэм (е цIыху щхьэхуэм) зэрахьа лIыгъэм, яхэлъа хахуагъэм. Къэралым и зэпэ­щыныгъэм, зыузэщIыныгъэм, абы и щхьэхуитыныгъэр хъумэным зэфIэкIышхуэ езы­хьэ­лIэу щыта хэкупсэхэр жылагъуэм къыщыхагъэбелджылыкIыу щытащ цIэ лъагэхэмкIэ, дамыгъэ лъапIэхэмкIэ. Псом хуэдэжтэкъым хэкум и къыщхьэщыжакIуэу щыту зэуапIэ губгъум лIыхъужьыгъэ щызезыхьэхэм яIа пщIэр. Апхуэдэхэр зэрагъэпажэу щыта къэ­-рал дамыгъэхэм ящыщщ нобэ гулъытэ зы­гъуэтыжа «Георгий и жор» медалыр. 

ХIХ лIэщIыгъуэм яубзыхуауэ щыта а къэрал дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэща куэд къахэ­кIащ ди лъэпкъым. Тхыдэджхэм зэратхымкIэ, Урысей къэралыгъуэм и хъумакIуэу, къыщ­хьэ­щыжакIуэу щыту, лIыгъэшхуэрэ хахуагъэ инрэ къэзыгъэлъагъуэу Кавказ шууей дивизэм хэтахэм ящыщу адыгэ куэдым иратауэ щытащ ­«Георгий и жорыр», зэрахьа лIыгъэ иным къыпэкIуэу. 
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр хэту лIэщIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэхэм къызэгъэпэща хъуа Кавказ  ­шууей дивизэр урысеидзэм и Iыхьэхэм я нэхъ ­хахуэт, лIыгъэшхуэрэ быдагъэрэ щытепщэрт, дзыхь нэхъ зыхуэпщI хъуну частхэм ящыщт. «Емылыдж», «Iэл» («дикая») псалъэхэр дэ­щIыгъуу фIэкIа нэхъыбэм къамыпсэлъ а дивизэм къыхэкIакъым гугъуехьхэм къапикIуэту кIуэрыкIуэсэж хъуаи тхьэрыIуэ зыхуащIа къэралым епцIыжаи. Дивизэм и Къэбэрдей шууей полкым хэта зауэлI хахуэхэм ящыщщ Щхьэ­лыкъуэ щыпсэуа, «Георгий и жор», «Георгий и цIэр зезыхьэ медаль» къэрал дамыгъэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща Къардэн Джэрий Мэзан и къуэр. 
Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, 1914 - 1918 гъэхэм екIуэкIа Япэ дунейпсо зауэр къызэры­хъеямкIэ хъыбар къэIуа нэужь, Налшык округым а лъэхъэнэм и унафэщIу щыта подпол­ковник Къылышбий СулътIанбэч шууейхэр щIыналъэм щызэбгригъэкIащ, цIыхубэм хъыбар ­гуауэр ирагъащIэу жылэхэм я нэхъыжьыфIхэр Налшык дэта реальнэ училищэм (иджы ­КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и унэм) и пщIантIэм къыщызэрагъэпэщ зэхуэсышхуэм кърашэлIэну я пщэрылъу. Захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ я телъхьэу, хахуагъэрэ лIыгъэкIэ зыри япэ изымыгъэщ ди лъахэгъухэр зылI и быну щызэхуэсащ утыкушхуэм икIи унафэ къащтащ шууей щиплI хъу Къэбэрдей полк къызэрагъэ­пэщу зауэм Iуагъэхьэну. 
А унафэр цIыхубэм щIэх дыдэу лъагъэIэсыжащ. Щхьэлыкъуэдэсхэм я нэхъ щIалэ жанхэу, Iэчлъэчхэу куэд къэуващ фронтым кIуэну гукъы­дэж яIэу. Хьэблэ къэс къыдэкIырт щIалэ зы­щыплI, зытхух. Абыхэм яхэплъыхьыжырт Iуэхум къыхузэрагъэпэща комиссэ щхьэхуэри, зауэ ­IэнатIэм Iухьэ хъуну къалъытэхэр ягъэбелджы­лырт. Апхуэдэхэм яхэхуат къуажапщэ хьэблэ­-хэм ящыщ зым щыпсэу Къардэн Джэрий (дэфтэркIэ Сыхьэт-Джэрий). ЩIалэр зыщыщ лъэпкъым, гъунэгъухэм зыхуей-зыхуэфI псомкIи къызэрагъэпэщат, пщIэшхуэ хуащIу. Шы екIу зэрытесым нэмыщI, зауэм дэкIынухэм яп­щIэхэлът сэшхуэ, сампIэм илъыжу, я шырыкъу лъапщэми къамэ дэIуат. Гушхуэ зыкIуэцIылъ, ­хахуагъэрэ лIыгъэрэ зыхэлъ, шыбгым ису къэ­гъуэгурыкIуа адыгэ лъэпкъым щыщ щIалэхэр хьэзырт анэнэпIэсу къахущыт къэралыр къэ­зылъхуа анэм хуагъадэу бийм щахъумэну. Ахэр фронтым щыкIуэм, ята ТхьэрыIуэр КъурIэн ­лъапIэм я Iэр телъу жаIат.
Зэман кIэщIым къриубыдэу зи бжыгъэр ири­къуа Къэбэрдей полкым и хъыбарыр псынщIэу щызэбгрыкIащ Кавказ щIыналъэм. Ар щапхъэ яхуэхъури, апхуэдэ полкхэр щIэх дыдэу къы­щы­зэрагъэпэщащ Шэшэнми, Дагъыстэнми, Ин­гушми, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Къэбэрдей полкыр зауэ хуэIухуэщIэхэм мазиплIым щIигъукIэ ­КъалэкIыхьым щыхуагъэхьэзыращ. Лъэпкъы­дзэхэр зы дивизэу зэхагъэхьа нэужь, 1914 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм КъухьэпIэ Украинэм и Ипщэ-КъухьэпIэ фронтым зауэм щыIухьащ. Абы щызэуа нэужь, дивизэр Румынием ядзащ.         ЯIыгъ Iэщэхэм нэмыщI, зауэлIхэм иратауэ щытащ фокIэщIхэмрэ (шууейхэм) кIэрахъуэхэмрэ (гуп­хэм я пашэхэм). Дэфтэрхэми узыщрихьэлIэ а Iуэхугъуэхэм ятепщIыхьмэ, Кавказ дивизэр зэ­рыщыту япэщIыкIэ и IэмыщIэ илъащ Урысей ­пащтыхьышхуэм и къуэш, генерал-майор Ро­манов Михаил, иужькIэ Половцев Пётр и уна­-фэм щIэтащ. Къэбэрдей полкым и пашэт Ро­мановым и адъютант полковник Воронцов-Дашков Илларион. 
Апхуэдэ дзэпщхэр зи пашэ бгырысхэр бии­дзэм пэщIэтащ, къикIуэт жыхуаIэр ямыщIэу. Зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ, ди щIалэхэм ящыщу 500-м щIигъум хуагъэфэщауэ щытащ «Георгий и жор», «Георгий и цIэр зезыхьэ медаль» къэрал дамыгъэ лъапIэхэр. Апхуэдэ пщIэ лъагэ къэралым зыхуигъэфэщахэм ящыщащ Къардэн Джэрий. Румынием и КъуэкIыпIэ Карпаты бгыхэм щекIуэкI зэзауэхэм хэту, тIас­хъэщIэх Къардэн Джэрийрэ абы и ныбжьэгъу ­зауэлIхэмрэ бийм къатригъэлъалъэ шэ пщты­рым пхыкIри, урысыдзэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хъыбархэр къахьащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ лъэсыдзэм нэмыцэ зауэлIхэр иригъэкIуэтыфащ икIи Ломницэ псым зэпрыкIри, абдеж зыщигъэбыдауэ щытащ. Апхуэдэу псэемыблэжу къэ­рал щхьэхуитыныгъэм щIэзэуахэу Георгий и жорыр зыхуагъэфэщахэм яхэтащ Къардэным и гъусэу зауэм дэкIа Мудрэнхэ я щIали. Къэрал дэфтэр хъумапIэм щIэлъ тхылъхэр щыхьэт то­хъуэ а Iуэхугъуэхэм. 
КъикIуэт зымыщIэ, лIыгъэ зыхэлъ адыгэлIт Джэрий. Зауэм къикIыжа нэужьи жылэм пщIэ къыщыхуащIащ абы. Джэрий унагъуэ дахэ иIащ. ПщIэрэ нэмысрэ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ яку дэлъу зэдэпсэуащ абырэ и щхьэгъусэ Цацурэ. Абыхэм къащIэхъуа я бынхэм, абыхэм я бы­ныжхэм къахэкIащ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа куэд. 
Ди адэшхуэхэм, абыхэм я адэжхэм зэрахьа лIыгъэхэм папщIэ дызыщыщ къэралым къахуигъэфащэу щыта дамыгъэ лъапIэр совет зэманым IэщIыб ящIауэ щытами, иужькIэ, лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэу зэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм къащтэжащ. Ар нобэ хуагъэфащэ      ди зауэлIхэу Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу увхэм, лIыгъэ къызэрымыкIуэрэ псэемыблэ­жагърэ яхэлъу зи къалэнхэр зыгъэзащIэхэм. Абыхэм яхэтщ Урысей Федерацэм гъунэгъу ­щIыналъэм щригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхам лIыгъэ зезыхьэу щызауэ адыгэ щIалэ куэд. 

 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: