Атаман щхьэщытхъум зэрыIущIар

Адыгэ хъыбарыжьхэри уэрэдхэри хуэфащэу траухуащ зи цIэр фIыкIэ тхыдэм къыхэна, Урыс-Кавказ зауэжьым лIыгъэшхуэ щызезыхьа Ажьджэр и къуэ Кушыкупщым (Ажджэрий Кушыку).

Ауэ, хуэмыфащэу и цIэр ущэхуауэ къэнащ и лIыгъэкIи, адыгагъэкIи, гуеигъэкIи, къару зэрымыщIэжкIи Кушыкупщым ипэ иувауэ щыта, псэуху Ажьджыр и къуэм мастэ-Iуданэм хуэдэу дэщIыгъуа зауэлI къэмыланджэж Сэфралыкъуэ Мэт. Езыр лъхукъуэлIти, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ закъыкъуигъэщакъым.

Кушыкурэ Мэтрэ бзэгуэгъу дэнэ хэгъэгуи щакуэдт. Хъыбар къалъэIэсыжат къалмыкъхэр «ЩIы ФIыцIэкIэ» зэджэ, Маныч и Iэгъуэблагъэм щыIэ хъупIэ хуитышхуэм шыр куэду щызиIэ къэзакъ атаман беижьым мыпхуэдэу жиIауэ:

- Айа, а Сэфралыкъуэ, Ажьджырыкъуэ жыхуаIэ мацыхухэр сэ къысщымышынэу си деж къэсыфын?!

Урысыдзэм и унафэщIхэм къагурыIуэн ялъэкIыртэкъым адыгэ шу гупым жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ жыжьагъэ зэпачыфыр зэрахуэгуэщI щIыкIэр. Псалъэм папщIэ, Беслъэнейм е Бжьэдыгъум икIхэрти, Псыхуабэ е Тэрч и Iэхэлъахэм къыщыхутэрт, мыхъэр щагъахъэрти, а зы жэщ-махуэм и кIуэцIкIэ къыздикIам нэсыжхэрт. Пэжу абы апхуэдэу щэхушхуи хэлътэкъым, ди шухэм яш ешахэр здызэрахъуэкI щIыпIэ гъэпщкIуахэр яIэт. Ауэ нэхъ гъэщIэгъуэныр а зы жэщ-махуэм къриубыдэу зэпымычу шыбгым ис зауэлIхэм я бэшэчагърат. Шыхэр зэрахъуэкIыурэ, щхьэм къыхуэмытIэс жыжьагъ зэпачырти, а зэрежьа шы зызыгъэпсэхуахэмкIэ я деж къэсыжхэрт.

Кушыкурэ Мэтрэ мурад ящI атаман щхьэщытхъум и лъахэм я лъэ нахусыну. Мыин дыдэу гуп зэрагъэпэщыр. Нахусри, губгъуэ мэзыншэ-зыкъуэдзапIэншэм нэху къащытещхьэу щыщIидзэм, Маныч куэду Iут бгъэн абрагъуэхэм зыхагъапщкIуэ. КIэи-пэи зимыIэ аргъуейхэм язауэу абы махуэр щагъакIуэ, пщыхьэщхьэм гувауэ къыхокIыжри, хуэмурэ хуаунэтI атаманыжьым и шыбз гуартэхэр здагъэхъум.

Шыхэм япэрыт шыхъуэхэр макъыншэу аркъэнкIэ къаубыдмэ, упщIэ яжьэдэлъу япхыурэ ягъэтIылъ, зы лъы къикIыгъи, зы укIыгъи къыхамыгъахуэу. Жэщ ныкъуэм нэсауэ шыбз гуартэ такъырыфI кърахужьэри, къожьэж гупыр. Пщэдджыжьым иджырей Черкесск и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ «Сычовые горы» жыхуиIэм адэкIэ къыщылъ тафэшхуэм къэсыжыным щIагъуэ имыIэжу, къалъагъу я шыкIэ мафIэ егъэуауэ къакIэлъеIэ пхъэрыр.

Шу пхъэрышхуэ къакIэлъеуэу щалъагъукIэ, Мэт сымэ гъусэ ящIа Алъхъэс и къуэ Беслъэныжьым и гуп цIыкIур мащтэри, «шы щхьэкIэ дыхэкIуэдэнущ!» жаIэри къыщIоIэж. Аращ Кушыку и уэрэдым щIыхагъэхьэжар:

Ей жыпIэкъэ, шу бзаджэ шухэр

Псыхъуэ банэм къызэдыхохьэ.

БэчбийкIэ кIэрыхьэжари

Алъхъэс и къуэкIэ фи Беслъэныжьт! - жиIэу.

Я гъусэхэр зэбгрыжу, езы тIум я закъуэ губгъуэм къыщинэм:

- ЛIо иджы, Ажьджырыкъуэ, мо къакIуэхэм яжетIэнур? Сэ сепсэлъэну хуит сыпщIрэ? - жеIэри, Мэт пщым зыхуегъазэ.

- Абыхэм уэ нэхъ зэрыпфIэфI бзэмкIэ епсалъэ, Сэфралыкъуэ, нэхъ къагурыIуэн пфIэщIымкIэ! - хуит къещI Кушыку.

- АтIэ, абы щыгъуэ, Кушыку, уэ ди хакIуэр зыми къомыгъэгъэувыIэ! Сэ мы къыткIэлъеуэхэм тIэкIу сакъыдэджэгунщ! - жеIэри, Сэфралыкъуэм зимыгъэлъэгъуащэурэ къуэ уэх тIэкIу хуэдэу здиIэм зыдедзэри, пхъэрым япэщIопхъуэ.

Кушыкуи бгы лъапэм къэсыжа шы гуартэм къакIэлъоуэ. А зэныбжьэгъуитIым мыпхуэдэ IуэхукIэ дэнэ ежьэми здашэу хакIуэ гъэса яIэт, шым ипэ кърагъэувэмэ, зэрыкIуа гъуэгур къигъуэтыжурэ я нэхъ жэщ кIыфIми къыпхыкIыжыфу, езы тIум нэмыщI зы цIыхупсэ зримыгъэкIуалIэу.

Сэфралыкъуэр япежьэщ, япэтIысщ, къэрэкъурэ къищыпри мафIэ тIэкIу ищIауэ, лы игъажьэу щысу пхъэрыр къэсащ, хьэжьажьэр къызыIурих атаманыжьыр я пашэу. Мо Iэхъуэ сурэту хуэпауэ лы тIэкIу зыгъажьэм къыбгъэдэлъадэри:

- Ей, хьэм къилъхуа! Сэфралыкъуэм си шыбзыр ихуу жаIэри, плъэгъуакъэ? - жеIэри къоупщI, зэ фIыуэ щIопщкIэ къыхэуа нэужь. Мэти урысыбзэмкIэ дзагуэ дыдэтэкъыми:

- Мо уэсэпс лъэужьышхуэр плъагъуркъэ? ЛIыгъэ уиIэмэ, мис абы ирикIуэ! - педзыж.

- Дауэрэ укъызэпсалъэрэ уэ факъырэр? - жиIэщ, атаманыжьыр зэ къыхэуэжри, уэсэпс гъуэгум тету щIэпхъуащ.

Сэфралыкъуэр мыгузавэурэ лы тIэкIум едзакъэщ, нэгъуэджэ ищIа Iэщэхэр зыдилъхьэжри, и цеикIэхэр дэупщIауэ, къуэ цIыкIум щигъэпщкIуа пщIэгъуалэжьыр къызэщIикъузэжри, къэшэсыжащ.

Пхъэр щыхъукIэ, щхьэж иш зэрихькIэ макIуэ, зэрыIыгъышхуи зэпIэзэрыти апхуэдэу ядэплъагъуркъым. Мэт ар ищIэрт. Арат щIапежьар, я ужь къиувэну. ИкIи къоувэ. КъалъэщIосри, къызылъэщIыхьар иригъэпсыхмэ-иригъэпсыхыурэ, уанэгу куэд нэщI ищIауэ, атаманыжьыр къызоплъэкIри, Мэт къелъагъу.

- А-а, хьэм къилъхуа! Уэращ итIанэ Сэфралыкъуэр! - жеIэ, къегъэкIэрахъуэри, Мэт къытобанэ.

Атаманыр лIышхуэт, Iэщэми хуэIэижьти, къытрикъузэу сэшхуэкIэ къеуэрт, увыIэгъуэ имыIэу. Мэт и джатэр пэщIигъэувэрт, армыхъуамэ езыр еуэртэкъым. Ауэрэ Iуащхьэшхуэм къытеувауэ нэрыплъэкIэ къаплъэ Кушыку къелъагъу Сэфралыкъуэм уанэгум зриIэтыкIыу зэ закъуэ джатэмкIэ зэрыуар. Атаманым и сэшхуэри шхуэмылакIэри къыIэпыхури, и щхьэжьри и бгъэм къытещIэжащ, зытеса пщIэгъуалэри хъуакIуэу мэувыж. Ар зылъэгъуа къэзакъхэм:

- Сэфралыкъуэр! Сэфралыкъуэращ! ПсынщIэу щхьэж зэрылъэкIкIэ фи щхьэ ныIуфх! - жаIэу, гуоуэ щIатхъуж. Сэфралыкъуэри Кушыку къыбгъэдолъэдэж.

- Уэлей, Сэфралыкъуэ, нобэрей уи уэкIэр сигу иримыхьа. Джаурыжьым сабэ тIэкIу къыхебгъэхуа къудейщ! - къыжреIэ абы.

- Тхьэ соIуэр, Кушыку, сэри а атаманыжьым сыщеуам, си джатэр зыгуэрым тIэкIу къигъэувыIэ хуэдэу гурыщхъуэ сщIащи, сеплъамэ си мыжагъуэт. НакIуи дегъэплъыт! - жеIэ Мэти.

ТIури къожэхри, атаманыжьым и пщIэгъуалэм къыбгъэдохьэ. Мэт и джатэр атаманыжьым и дамэм ирегъэкъури, йоIунщI. ЛIышхуэр тIууэ зэтоху, и блэгущIэм къыщегъэжьауэ и бгырыпх пхапIэм нэсу зэпыупщIат. Адыгэ цейм ещхьу щыгъ щIыIутелъым и щIагъым афэ джанэ щIэлъу къыщIокI. Ари зэрыщыгъыу лIышхуэр зэпиупщIати арат, «Си джатэр тIэкIу зыгуэрым къигъэувыIат!» - щIыжиIар Мэт.

Атаманым и хьэдэр зэращтэжыным хуэдэу ягъэтIылъщ, и пщIэгъуалэжьыр адрей уанэгу нэщI хъуахэм къыхаугъуаери, къахури гуартэм къыхаутIыпщхьэ…

ШЭРДЖЭС Алий.
Поделиться: