|
Календарь событий
07 апреля 2024
7 апреля, 2024 - 14:33
«Урысей» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым хыхьэу мы махуэхэм ВДНХ-м и 75-нэ павильоным къыщеджащ адыгэ, балъкъэр усакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэм.
7 апреля, 2024 - 13:32
«Унагъуэр еджэмэ - къэралри йоджэ» къыхуеджэныгъэм щIэту 2024 гъэм гъатхэпэм и 23 - 31-хэм къэралым и дэнэ щIыпIэкIи щрагъэкIуэкIащ «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» фIэщыгъэр зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр. Абыхэм хыхьэу Налшык къалэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм иджыблагъэ зэIущIэ хьэлэмэт къыщызэрагъэпэщат. Ар хуэгъэпсауэ щытащ сабийхэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыным, тхылъ еджэным дегъэхьэхыным, щIыпIэм и тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыгъэгъуэзэным, лъэпкъ тхыдэм, хабзэм, щэнхабзэм фIыуэ хащIыкIыу щытыным.
7 апреля, 2024 - 12:26
Дунейпсо IэщIагъэлIхэри къыхашэу, Моск-ва щекIуэкIащ Неврологхэм я етIуанэ конгресс. Абы и утыку къыщрахьащ щхьэ куцIым щызекIуэ лъым игъуэта сэкъатым еIэзэнымкIэ лэжьыгъэм и пIалъэ нэхъыфI къэзыгъэлъэгъуахэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр. Урысейм и щIыналъэхэу ехъулIэныгъэ зиIэу къалъытахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрри.
7 апреля, 2024 - 11:18
Фошыгъу диабетыр дунейпсо медицинэр зыIууэ узыфэ нэхъ гугъухэм икIи хьэлъэхэм хабжэ. Мы зэманым фошыгъу узыр къефыкIыу дуней псом тетщ цIыху мелуан 450-рэ, абыхэм я нэхъыбэм - мелуан 424-м - узыфэм и 2-нэ лIэужьыгъуэр япкърытщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, инсулиныр яхурикъуркъым. КъызэрагъэлъагъуэмкIэ, Урысейм а узыр зыпкърыту щыпсэухэм я бжыгъэр мелуани 5-м ноблагъэ. Иужьрей зэманым дохутырхэр нэхъ игъэгузавэ хъуащ а узыфэр зэуалIэхэр нэхъыбэ зэрыхъум, ди жагъуэ зэрыхъунщи, балигъхэм я мызакъуэуи ар яхуэлъэщ сабийхэми.
7 апреля, 2024 - 10:01
1950 гъэм щегъэжьауэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэлъапIэ. Апхуэдэ махуэ щIыхахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр я узыншагъэм гулъытэшхуэ хуащIын зэрыхуейр цIыхухэм ягурыгъэIуэнырщ, ар егъэфIэкIуэнымкIэ зэфIэхыпхъэхэр убзыхунырщ.
|