|
Календарь событий
26 апреля 2024
26 апреля, 2024 - 17:20
IуэрыIуатэ къулей къадогъуэгурыкIуэ абазэхэм - нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, пасэрей уэрэдыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, псалъэжьхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ныбжьышхуэ яIэщ, лъэпкъ фащэкIэ гъэпсащ, купщIафIэщ. Абазэхэм я гъунэжщ, псалъэм папщIэ, таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Щыгъуазэ фыдощI Къэрмокъуэ Хьэмид зэхуихьэсыжа апхуэдэ зыбжанэм.
Абазэхэмрэ адыгэхэмрэ зэблагъэ дыдэщ - я бзэкIэ, я щэнхабзэкIэ, я лъэпкъ хабзэхэмкIэ, аращ я IуэрыIуатэм зы купщIэрэ зы гъэпсыкIэрэ щIаIэр.
26 апреля, 2024 - 17:06
Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу лъэхъэнэ кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуам къиутIыпща дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм езым и къарукIэ зэщIигъэуIуа хэкулI гупышхуэмрэ.
26 апреля, 2024 - 15:42
Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ. «Фэеплъ жыг хадэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо Iуэхугъуэр теухуащ зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэда ди цIыхухэм я фэеплъу жыгыщIэхэр гъэтIысыным, зэуапIэм икIуэдахэм я лIыгъэр уахътыншэ щIыным, апхуэдэ хадэхэр цIыху кIуапIэ щIыным.
26 апреля, 2024 - 15:39
НыбжьыщIэхэм я библиотекэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ «Бекмурза Пачев и роль одаренной личности в становлении новописьменных литератур» зыфIаща зэхыхьэ. Ар къызэрагъэпэщащ адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 170-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
26 апреля, 2024 - 15:23
Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр. Ар къызэрагъэпэщащ «Теунов Групп» мэкъумэш, ухуэныгъэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ IуэхущIапIэм, КИФЩI-м и хьэщIэщхэм, ресторанхэм, хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэр зезыгъакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, «Деловая Россия» Урысей зэгухьэныгъэм и къудамэу КъБР-м щыIэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу.
26 апреля, 2024 - 15:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым унэхэр къызыхуэтыншэу щызэгъэпэщыжынымкIэ и щIыналъэ операторым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, псэупIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуа программэм хиубыдэу мы илъэсым ди республикэм зыхуей щыхуагъэзэнущ фэтэр куэду зэхэт унэ 70-м нэс.
Шэджэм щIыналъэм и жылищым (Щхьэлыкъуэ, Яныкъуей, Шэджэм) жьы хъуа унащхьэхэр щахъуэж - унащхьэ занщIэхэм я пIэкIэ иджырей мардэхэм тету унащхьэхэр яIэт. Ахэр быдэщ, екIущ, уэшхри уэсри щызэтрихьэнукъым.
26 апреля, 2024 - 14:00
Маркъуэтхрэ Къуацэгъуррэ
Хы ФIыцIэми егъэщIылIауэ Iузэв тенджызми пэмыжыжьащэу Кавказым и ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ зыкъыщызыIэт бгыщхьэ сэнтххэм зэреджэрщ ищхьэкIэ къыщытхьа фIэщыгъэхэр.
А тIум ищхъэрэкIэ гъэза я джабэщIхэм АтIэкIумрэ Абынрэ къуэпс-къуэпсурэ зыкъыщызэщIакъуэ. Япэр нэхъ ин зыщIыр, етIуанэр абы зэрыхэлъэдэжырщ, армыхъуамэ я теплъэкIи цIыхухэм «къазэрыфIэIуэхукIи» а тIум зэрагъэхь щыIэкъым.
АтIэкIум - Адагум
26 апреля, 2024 - 13:20
Мэлыжьыхьым и 26, мэрем
Радиацэ къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ дунейм ехыжахэм я фэеплъ махуэщ
ЦIыху акъылым къилэжьа мылъкум и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Нотариат IэнатIэм и махуэщ
1952 гъэм Мэлбахъуэ Тимборэ Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэщIу хахащ.
1958 гъэм къалъхуащ АР-м и политикэ лэжьакIуэ, театровед, журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэлахъуэ Светланэ.
26 апреля, 2024 - 13:00
Балъкъэр таурыхъ
Бгы лъапэм деж хьилэшыуэ икIи къэрабгъэу зылI щыпсэурт. Ар апхуэдизкIэ сытми щышынэрти, пщыхьэщхьэм унэм къыщIэкIын хуей хъумэ, и фызыр е и джэдур къыздищтэрт. И хьэлым зыщимыхъуэжым, цIыхухэм абы Хьилэшы къэрабгъэ къыфIащащ.
Зэгуэрым, жэщыр къэблэгъауэ, ар и фызым и гъусэу къуажэ уэрамхэм языхэзым къытехьащ. Фызым жеIэ:
- Еплъыт, жэщыр мазэхэу кIыфIщ. Мыпхуэдэ жэщым шыбэ къепхужьэу бгым щыбгъэпщкIуну гугъу хъунукъым. Абы хэт шыхэм нал ящIэлъкъыми, я лъэ макъыр зэхэпхынукъым, дыгъужьхэри мыпхуэдэ жэщым къежьэркъым.
26 апреля, 2024 - 12:33
Гъатхэ зэрытехьэу цIыхухэм я псэупIэхэр, дачэхэр, хадэхэр зэщIагъэкъабзэ. Апхуэдэхэм деж яхуэсакъын хуейщ дзыгъухэмрээ жумэрэнхэмрэ. Ахэр здынэмыс щIыпIэ щыIэкъым икIи нобэ хуэдэу ахэр шынагъуэу зэи къалъытэу щытакъым. Абы лъандэрэ щIыуэпсым зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ: къабзэу ежэхыу щыта псыхэм, дызэрыбауэ хьэуам япэм щымыIа пкъыгъуэ зэранхэмкIэ гъэнщIа хъуащ. «Дунейм и зыгъэзэгъуэ къэс» узыфэ щхьэхуэхэри къыздехь. Ахэр ипэкIэ щыIауэ, щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэм я зэранкIэ къэушыжьынкIэ мэхъу е щымыIэххауэ иджы къэунэхунри Iуэхум хэлъщ.
|