2024 гъэм мэлыжьыхьым и 10-р щымылажьэ махуэу гъэувыным и IуэхукIэ
«Я фIэщхъуныгъэр зыхуэдэнур езыхэм яубзыхужынымкIэ яIэ хуитыныгъэмрэ дин зэгухьэныгъэхэмрэ я IуэхукIэ» 1997 гъэм фокIадэм и 26-м къащта Федеральнэ закон №125-ФЗ-м и 4-нэ статьям и 7-нэ пунктым тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм зэрызыкъытхуигъэзам ипкъ иткIэ НэщIикIыж хьид махуэшхуэм теухуауэ унафэ сощI:
2024 гъэм мэлыжьыхьым и 10-р Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щымылажьэ гуфIэгъуэ махуэу щыгъэувын.