|
Календарь событий
13 апреля 2024
13 апреля, 2024 - 15:23
КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ кърихьэлIэу. КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум, къуажэ щIыпIэхэр зэлъыIухыным, губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым.
13 апреля, 2024 - 14:47
Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - мазаем къриубыдэу УФ-м и щIыналъэхэм я промышленнэ индексым и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ, нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм ар ирагъэпща нэужь.
13 апреля, 2024 - 13:44
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал санитар дохутыр Пагуэ Жыраслъэн лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Пагуэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм, санитар-эпидемиологие щытыкIэр зыхуэдэм щигъэгъуэзащ унафэщIыр.
13 апреля, 2024 - 12:38
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм Космонавтикэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
13 апреля, 2024 - 11:18
ХъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм къытIущIащ КъБР-м и дзэ комиссар Пахомов Дмитрийрэ зэухылIэныгъэ (контракт) щIыкIэм тету дзэм дашхэм я дэфтэрхэм щыхэплъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Дмитриев Виталийрэ.
13 апреля, 2024 - 10:08
КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (КъБР-м и АСМО) и правленэм и зэIущIэ. Абы хэтащ IуэхущIапIэм и гъэзэщIакIуэ унафэщI Маслов Николай, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм политикэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэхэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Хьэсанэ Аслъэн, а IуэхущIапIэм и чэнджэщэгъу Храмцов Алексей, зэгухьэныгъэм хэтхэр.
|