|
Календарь событий
28 апреля 2024
28 апреля, 2024 - 17:33
Ди республикэм нобэ къыщызэIуахащ «Урысейм ипс» урысейпсо Iуэхур, абы ипкъ иткIэ ягъэкъэбзэнущ псы ежэххэмрэ псыхъуэхэмрэ.
«Зи гугъу тщIы акцэр «Экология» лъэпкъ проектым и зы Iыхьэу щыт «Зыми хуэмыдэ псыежэххэр хъумэныр» федеральнэ проектым хыхьэу ирагъэкIуэкIыу аращ, ар къыхэзылъхьар Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимирщ.
«Урысейм ипс» Iуэхур ди къэралым и щIыналъэ псоми къыщызэдащтащ. Си щхьэкIэ, си гуапэу, фIэхъускIэ захуэзгъэзащ акцэм хэтыну къыдэкIа псоми, ар къызэзыгъэпэщахэми.
28 апреля, 2024 - 15:02
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым ли-тературэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 170-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ.
28 апреля, 2024 - 13:01
Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр. Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ 2024 гъэр Архитектурэм и илъэсу ягъэуващ.
28 апреля, 2024 - 11:59
Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэщыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц. Ар теухуауэ щытащ Урысей Федерацэм медицинэ хуэIухуэщIэхэр фIагъ пылъу икIи шынагъуэншагъэу къыщызэгъэпэщынымкIэ лэжьыпхъэхэм. Зэхыхьэм хэтащ къэралым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и IэщIагъэлI пашэхэр, хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, дохутырхэр.
28 апреля, 2024 - 10:57
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэблэщIэу къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщызэIуахам щызэхуэсахэр хуабжьу зыщыгуфIыкIа зэхыхьэ щекIуэкIащ.
|