Белорус тIасхъэщIэххэмрэ абыхэм яхэта ди хэкуэгъухэмрэ.
Зэманри зыпэмылъэщ Iуэхугъуэшхуэхэр тетщ мы дунейм. КIуэ пэтми нэхъ IупщIу зыхыбощIэ абыхэм я инагъыр, цIыхубэм и къэкIуэнум папщIэ мыхьэнэуэ яIар. Апхуэдэхэм ящыщщ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр.
Сыт дэ тщIэр зауэм теухуауэ? Зауэр гузэвэгъуэщ, гуауэщ, нэпсщ. Унэ къэс я бжэм теуIуащ ар, дэтхэнэми гуIэгъуэр ирихьэу: анэхэм яфIэкIуэдащ я къуэхэр, цIыхубзхэм - я щхьэгъусэхэр, сабийхэр адэншэ ищIащ. ЦIыху мелуанхэр пхыкIащ а жыхьэнымэм, гугъуехь Iэджэхэр ягъэващ, ауэ къэмыланджэу текIуэныгъэр къахьын яхузэфIэкIащ. Ар и щыхьэтщ зыхущIэкъур, езыр зэрызахуэр зыщIэ цIыхум хузэфIэмыкIын дунейм зэрытемытым. Хэкум къыщхьэщыжа зауэлI хахуэхэр псэущ иджыри, махуэ къэс абыхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуми. ЦIыху акъылым ехъумэ ди нэхъыжьыфIхэм я дуней тетыкIам, я хахуагъэм теухуа гукъэкIыжхэр. АтIэ гуапагъэм, мамырыгъэм, цIыхугъэм дыхуагъасэу ахэр ди гум ирырелъ.
Зауэм теухуа Iуэхухэр дэ нэхъыбэу къызэрытщIэр тхылъхэрщ, ауэ зауэ гъуэгум пхыкIа цIыхухэм я гукъэкIыжхэр ауи пэхъунукъым абыхэм. Къэсынущ зэман Хэку зауэшхуэр зи нэгу щIэкIахэм ящыщу зыри мыпсэужу. Аращ абыхэм я хъыбархэр дыхуэсакъыу тхъумэн, къытщIэхъуэ щIэблэм едгъэщIэн щIыхуейр.
Ди лъахэгъуу мин 60-м щIигъу пэщIэтащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм, ахэр Хэку зауэшхуэм и фронт псоми Iутащ. Бийм езауэрт псори, зыщыщ лъэпкъым, зэрихьэ диным емылъытауэ. Абыхэм ящыщ куэд я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ къахуэкIуэжакъым.
Куэдым лIыгъэ щызэрахьащ, куэди хэкIуэдащ Сталинград деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм, апхуэдэуи Белоруссием и тIасхъэщIэх гупым хэтахэщ. Махуэ 900-кIэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яIыгъа Ленинград зыхъумахэм ящыщащ ди щIалэхэр, Москва и деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуащ. Кавказыр къазэун папщIэ гитлерыдзэм иригъэкIуэкIа ебгъэрыкIуэныгъэхэм лIыгъэшхуэрэ къару мыкIуэщIрэ къащыкъуэкIащ ди зауэлIхэм, ахэр зы дакъикъи я гъащIэм щысхьакъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пажэхэмрэ ипхъу хахуэхэмрэ ящыщ куэдым я псэр щIатащ ди къэралым и хуитыныгъэм.
КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм тхыдэщIэм и дэфтэрхэмкIэ и центрым и управленэм щызэхуэхьэсахэм я нэхъ къулейщ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат ХьэкIуащэ Евгений (1928 - 1993) и фонд №P-972-р. Письмохэр, дэфтэрхэр, картэхэр, сурэтхэр - тхылъымпIэхэм къатощ тхыдэ псо. Хъыбар кIапэлъапэу фронтым къикIахэм я фIыгъэкIэ хэIущIыIу хъуащ лIыхъужьхэм я гъащIэм щыщ Iыхьэхэр, я лIыгъэр. Фронт письмоуэ ХьэкIуащэм зэхуихьэсахэм (ахэр томи 7 мэхъу, напэкIуэцI 800 къызэщIаубыдэ) къахыбоджыкI Iуэхушхуэ, цIыху гъащIэу, дуней тетыкIэу, гупсысэкIэу щIэблэм зэи ящыгъупщэ мыхъунухэр, зи лIыгъэр щапхъэу къадэгъуэгурыкIуэн хуейхэр. Абы къыхощ Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхъумэу 37-нэ дзэ къудейм щыщ сэлэтрэ офицеру минийрэ щитхум щIигъу зэрыхэкIуэдар.
Белоруссием и Коммунист партым и Центральнэ Комитетым и деж щылажьэ Партым тхыдэмкIэ и институтым и дэфтэр хъумапIэм ХьэкIуащэм къыщигъуэтащ белорус тIасхъэщIэххэм я гъуса ди хэкуэгъухэм лIыгъэшхуэ зэрызэрахьам щыхьэт техъуэ тхылъымпIэхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, абыхэм ящыщщ Мэрзэхъу къуажэм щыщ Шэвлокъуэ Аман. Зэхэуэ гуащIэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуа щIалэр нэмыцэхэм я гъэр хъури гугъущэ ирагъэхьат. Концлагерым къикIуэсыкIыжа иужь, ар яхыхьащ Белоруссием и тIасхъэщIэххэм икIи и ныбжьэгъуу бийм яIэщIэкIуэдахэм ялъ ищIэжынымкIэ хузэфIэкI къигъэнакъым. Белорус мэзхэм нэмыцэ куэд щIэзыукIыхьа ди хэкуэгъухэм ящыщщ Кульчаев Махъты, Боровицкий Иван, Къуэжей Илья, Таранов Иван сымэ, нэ- гъуэщIхэри.
Ди къэралым и къалащхьэ Москва зыхъумахэм яхэтащ и гъащIэр иухыху фашистхэм ерыщу япэщIэта командир хахуэ Елокъуэ Хъанджэрий, Нало Ахьмэдхъан, Накуэ Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри. Адрей лъэпкъхэм къахэкIахэми хуэдэу, адыгэ куэд хэтащ революцищым я къалэ Ленинград хуит къэщIыжыным. Апхуэдэхэщ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Байсултанов Алимрэ Иуан Хьэсэнрэ, хы кхъухьлъатэзехуэ КIэфо Арсен, Къэзан Мухьэмэд, Ахэмын Дмитрий, Мокшин Николай сымэ. Севастополь и щхьэхуитыныгъэм щIэзэуащ капитан Джатэжьокъуэ Хьэжпагуэрэ абы и зауэлIхэмрэ.
Совет Заполярьем гитлерыдзэр уэгум иту щызэтезыкъутахэм яхэтащ Прохладнэ къалэм щыщ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Диденкэ Николайрэ Старэ Шэрэдж къыщалъхуа Хьэмдэхъу Баширрэ. Ди къэралышхуэм и ищхъэрэ гъунапкъэхэр зыхъумэ Ищхъэрэ Дзэ-Хы флотым и унафэщIу щытащ Прохладнэ къалэм къыдэкIа Головко Арсений.
Сталинград зыхъумахэми яхэтащ ди хэкуэгъухэр: Бозийхэ Кушбийрэ Ахъмэтрэ, Мэлбахъуэ Тимборэ, Шыбзыхъуэ Къэралбий, Соттаев Адэлджэрий, Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Кузнецов Василийрэ Атаманчук Григорийрэ, нэгъуэщI куэди.
Бийм и гъуэ Берлин щыхэкIуэда гвардием и командир, майор Наурыз Мамышэ ТекIуэныгъэ Иныр къэтхьыным зы махуэ закъуэ иIэжу и псэр итащ.
Франджы коммунистхэм я гъусэу франджы щIыналъэм нэмыцэхэм щезэуащ УнащIэ Сэхьид.
Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм пэщIэтахэм яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бзылъхугъэ хахуэхэр. Абыхэм ящыщ куэд, Iэщэр яIэщIэлъу, япэщIэтащ фашистхэм. Апхуэдэхэщ Шыхъуэ Бализэ, Уэрэзей Тамарэ, Эбзеевэ Хьэлимэт, Бородаевэ Дарье, Грудцинэ Антонинэ, Сасыкъ Марие, Жанказиевэ Софие, Къумахуэ Хужьэ, Шортэн Таужан, Павловэ Клавдие, КIуэкIуэжьхэ ФатIимэрэ Марьянрэ, нэгъуэщI куэди.
Кърымыр хуит къыщащIыжым, 1943 гъэм и дыгъэгъазэм, лIыхъужьыгъэ зэрихьэу хэкIуэдащ зи ныбжьыр илъэс 28-рэ хъу, Совет Союзым и ЛIыхъужь, гвардием и капитан Къанкъуэщ Ахьмэдхъан.
1944 Карель фронтым щаукIащ Къэхъун къуажэм къыдэкIа колхозхэт, фашист офицеррэ сэлэту 86-рэ зыукIа снайпер Iэзэ Жамборэ Щэуал.
Зауэм и етIуанэ илъэсыр екIуэкIырт ТхьэмлIокъуэ Хьэсэн лагъымхэр зыкIэрищIэу бийм и танкым зыщыпэщIидзэжам. ИужьыIуэкIэ къуршыбгъэм хуэдэ Багъ Абу Гостеллэ Николай ейм ещхь лIыгъэ зэрихьащ, танкист Апажэ Хьэмид нэмыцэхэм я аэродромым епщылIэри, кхъухьлъатэу 12-рэ зенит Iэщэу 3-рэ игъэсащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и 115-нэ шуудзэм и политрук Хьэгъэжей ТIалэ и зауэлIхэр щIыгъуу фашист куэд дыдэ зэтриукIащ икIи езыр хэкIуэдащ. Абы и щIыфэм уIэгъэ пщыкIубл телъащ.
ЛIыгъэ ин зэрахьащ щэхурылажьэ Осанов Хьэсэн, цIыхубэм и лъыщIэжакIуэхэу Козуб Шурэ, Алибеков Мустэфа, Магон-Бобровскэ Ларисэ, Тимошенкэ Рае, Майсурадзе Женя, пионер-тIасхъэщIэххэу Шаваев Хьэмидрэ Ковалёв Алёшэрэ, нэгъуэщI куэдми.
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэр хэкупсэу гъэсэн» программэр гъэзэщIэным ипкъ иткIэ, КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм тхыдэщIэм и дэфтэрхэмкIэ и центрым и управленэм щIэх-щIэхыурэ къызэрегъэпэщ гъэлъэгъуэныгъэхэр. Абыхэм утыку къыщрахьэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэр, апхуэдэхэм траха сурэтхэр, курыт еджапIэм щIэсхэм папщIэ дерс зэIухахэр ирагъэкIуэкI, студентхэм лекцэ къахуоджэ.
1995 гъэм управленэм зэхуихьэсащ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм КъБР-м щыщу хэтахэм, тылым и лэжьакIуэхэм, концлагерхэм исахэм я дэфтэрхэр, письмохэр, абыхэм я гукъэкIыжхэр. Псэри зэхэту абыхэм я бжыгъэр 303-рэ мэхъу. IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм нобэми зэхуахьэс апхуэдэ хьэпшыпхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2015 гъэм ветеран 21-м зэгурыIуэныгъэ иращIылIащ зэхуахьэсхэм хагъэхьэн папщIэ я дэфтэрхэр къратын хуэдэу. Ар Iуэхушхуэщ абыхэм я лIыгъэм къытщIэхъуэ щIэблэр щыгъуэзэным щхьэкIэ. Архивым иратахэм яхэлъщ орденхэмрэ медалхэмрэ я удостоверенэхэр, фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр, хъуэхъу тхыгъэхэр, сурэтхэр, Хэку зауэшхуэм хэтахэм ятеухуа тхыгъэхэмрэ тхылъхэмрэ.
НэгъуэщI лъэпкъ куэдми хуэдэу, адыгэхэм я тхыдэм гузэвэгъуэу къыхэна Хэку зауэшхуэм илъэс 80-м нэблагъэкIэ пэжыжьэщ иджыпсту псэу щIэблэр. Абыхэм я къалэныр ди лъахэр зыхъума зауэлIхэм я фэеплъыр ягъэлъэпIэным и закъуэкъым, атIэ ди тхыдэм пщIэ хуащIу къэгъэтэджынри я пщэрылъщ. ТхузэфIэкIын хуейщ ТекIуэныгъэ Иныр къытхуэзыхьа сэлэтхэмрэ абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи ядэIэпыкъуа цIыхухэмрэ тщымыгъупщэу, адыгэм къыддекIуэкI хабзэмрэ нэмысымрэ тхъумэу дыпсэуну!