ЕджакIуэхэм зыкъагъэлъагъуэ

Налшык къалэм и курыт еджапIэ №9-м и еджакIуэхэм адмирал Головко Арсений и цIэр зезыхьэ фэеплъыр щаухуа зыгъэпсэхупIэм деж концерт гукъинэж щатащ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ 1-5-нэ классхэм я еджакIуэхэм. Программэм и художественнэ унафэщIыр пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ Цэгъей Иринэщ. Концертыр къызэIузыха егъэджакIуэр къытеувыIащ махуэшхуэм и тхыдэм, абы и мыхьэнэм, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэр сыт щыгъуи зэкъуэзыгъэувэр.
- ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 79-рэ дэкIыжами, цIыхухэм ар ящыгъупщэркъым. Къэралым и махуэшхуэ нэхъыщхьэр зэдыдогъэлъапIэр, тхыдэ напэкIуэцIхэр, ди адэшхуэ, абыхэм я адэж лIыхъужьхэр дигу къыдогъэкIыж, - къыхигъэщащ Цэгъей Иринэ.
1-3 классхэм я еджакIуэхэм зауэ уэрэдхэр жаIащ. 5 классым щеджэхэм абы къыпащащ зауэм теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ жаIэу. ЕджакIуэхэм «День Победы» уэрэдыр зэгъусэу ягъэзэщIащ, егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ дежьууэ.
Махуэшхуэм хыхьэу ныбжьыщIэхэм Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъхэм пэмыжыжьэу асфальтым зауэмрэ мамырыгъэмрэ теухуа сурэтхэр щащIащ.
КъыжыIапхъэщ, совет дзэ пашэ, Хэку зауэшхуэ зэманым Ищхъэрэ, Балтийскэ флотхэм я унафэщIу щыта адмирал Головко Арсений и бюстыр 2020 гъэм фокIадэм и 4-м, ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу зэрагъэувар. Головко Арсений къыщалъхуа махуэм – мэкъуауэгъуэм и 23-м зи ухуэныгъэхэр ирагъэжьа фэеплъри зыгъэпсэхупIэри зэуэ къызэIуахат фокIадэм и 4-м. А уэрамым щыпсэу налшыкдэсхэрт а жэрдэмыр къызыбгъэдэкIари. Фэеплъыр ищIащ скульптор Катони Станислав.
Курыт еджапIэ №9-м и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Коскинэ Иннэ къыхигъэщащ я школым хабзэ дахэхэр зэрыщызекIуэр. Хэку зауэшхуэм абы и егъэджакIуэхэмрэ иригъэджахэмрэ хэтащ, абыхэм ящыщу 36-р хэкIуэдащ. А зэманым я школым цIыху 200 зыщIэхуэ сымаджэщ къыщызэрагъэпэщат. Налшык къалэр щхьэхуит къыщащIыжым, школ сымаджэщыр бийм къыщыIэщIахыжым НКВД-м и дивизэм хэта, зи унэцIэхэр къахуэмыгъуэта зауэлIитI хэкIуэдащ. Абыхэм, школыр къэзыухахэм ящыщу хэкIуэдахэм я фэеплъ абы щагъэуващ. ФокIадэм и I-м еджакIуэхэм а лIыхъужьхэр ягу къагъэкIыж, абдеж мыхьэнэшхуэ зиIэ зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкI.
Накъыгъэм и 6-м школым пэкIу щрагъэкIуэкIащ. Абы ирагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэр икIи ТекIуэныгъэмрэ Урысеймрэ я ныпхэр яIэтащ, къэралым и гимным щIэту. ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм и пэ къихуэу школым лIыхъужьыгъэм и дерсхэр къыщызэрагъэпэщащ, лIыхъужьхэм я фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. Накъыгъэм и 6-м еджакIуэхэм зауэм и лIыхъужьхэм я сурэтхэр яIыгъыу фэеплъым деж щызэхуэсащ. Накъыгъэм и 8-м школым къыщызэрагъэпэщащ «Наследники Победы» литературно-макъамэ пшыхьыр. Абы хыхьэу зауэм теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ жаIащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ
Поделиться: