Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэблэщIэу къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщызэIуахам щызэхуэсахэр хуабжьу зыщыгуфIыкIа зэхыхьэ щекIуэкIащ.
Республикэм и къалащхьэм дэт унэжьхэм къыщIагъэIэпхъукIыну зыхуамурад унагъуэхэм ящыщу 80-м фэтэрыщIэхэр къызэрыхуагъэфэщам щыхьэт техъуэ дэфтэрхэмрэ (сертификат) IункIыбзэIуххэмрэ щратыжа зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков Алийрэ Налшык къалэм администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймуразрэ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, Кавказ-Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм 2030 гъэ пщIондэ зиужьынымкIэ программэм хыхьэу, Налшык къалэ и «Мей», «Восточнэ» хьэблэщIэхэм иужьрей илъэсхэм псынщIэ дыдэу къыдэувэ унэщIэхэм хыхьэ фэтэрхэм, псори зэхэту, метр зэбгъузэнатIэу мелуан 1,2-м щIигъу къызэщIаубыдэнущ. Апхуэдэуи, республикэм и бюджетым щыщкIэ псэупIэщIэхэр щаухуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и нэгъуэщI щIыпIэхэми. Коммунальнэ теплъэ зиIэ фэтэру зэхэт унэхэм къыщIэгъэкIын Iуэхум дэ щIэддзащ «КъБР-м жьы хъуа и унэхэм 2022 - 2025 гъэхэм къриубыдэу къыщIэгъэIэпхъукIын» республикэ программэмрэ муниципалитетхэм а Iуэхум хуагъэхьэзыра программэ щхьэхуэмрэ япкъ иту. Иужьрей Iэмалым хуэдэ, къэралыр зэрыщыту къэтщтэнщи, япэ дыдэу къыщрахьэжьар ди щIыналъэрщ, республикэм и бюджетырщ ар зэрагъэзащIэри. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэщ, - жиIащ Мусуковым.
Iуэхур зэхэзыублахэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжар унэщIэхэр щаухуэ щIыпIэхэр иджырей мардэхэм къитIасэу сыт и лъэныкъуэкIи къызэгъэпэщынырщ - гъуэгущIэхэр щыухуэнырщ, Iэхэлъахэм сабий садхэмрэ школыщIэхэмрэ, поликлиникэхэмрэ щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэмрэ щызэтегъэувэнырщ, жьы хъуахэр щызэгъэпэщыжынырщ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм хьэблэщIэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр нэхъ тынши зэгъэкIуаи ищIынущ.
- Иджырей мардэхэм тету сыт ищIыскIи зэгъэпэща фэтэрхэм цIыхухэр щIэгъэтIысхьэныр «ПсэупIэщIэхэр - къалэ гъащIэм» зыфIаща лъэпкъ проектым тетущ зэрагъэзащIэр. АбыкIэ унафэ къэзыщтауэ щытар УФ-м и Президент Путин Владимирщ, - къыхигъэщащ Ахъуэхъу Таймураз. - Жьы хъуа унэхэм къыщIэдгъэIэпхъукIыну унагъуэ 250-м фэтэрыщIэхэр яIэрыдгъэхьэнущ. Абыхэм ящыщу нобэкIэ дызылъэIэсар унагъуэ 80-р аращ. Мазэ къакIуэ иджыри унагъуэ 47-м фэтэрыщIэхэм я IункIыбзэIуххэр еттынущ. ШыщхьэуIум и 1-м ирихьэлIэу иджыри унагъуи 123-м. МызыгъуэгукIэ, ди цIыхухэр жьы хъуа унэхэм ящыщу 87-м къыщIэдгъэIэпхъукIынущ. Ахэр тетщ уэрамхэу Калининградскэм, Ингушскэм, Суворовым, Идарым, Ашуровым, Крыловым я цIэхэр зезыхьэхэм. ЕтIуанэ лъэбакъуэу, 2025 гъэр иухыху, фэтэрыщIэхэр иджыри унагъуэ 466-м яIэрыдгъэхьэнущ, - жиIащ Ахъуэхъу Таймураз.