Календарь событий

01 апреля 2024

Уи пщIэр уи IуэхущIафэрщ

КъБР-м щIыхь зиIэ и щIэныгъэрылажьэ, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор Къущхьэ Хьэсбий КъБКъУ-р къиухри, Украинэм аспирантурэм щыщIэтIысхьат. ЩIэныгъэр зи псэм хэлъ щIалэм къыщыгуфIыкIащ а зэманым уей-уей жезыгъэIэу щыта украин институт цIэрыIуэр. Дунейр къызэхикIухьщ, и цIэр фIыкIэ игъэIури, и унэ къихьэжащ Къущхьэр. Къызэрысыжри органикэм щымыщ химиемрэ физикэм епха химиемкIэ КъБКъУ-м и кафедрэм и унафэщIщ. НэхъапэIуэкIэ зыми и акъыл зыхунэмыса къэхутэныгъэу 16 иIэщ иджыри Совет лъэхъэнэм къигупсысыгъауэ.

Фэеплъ зэхьэзэхуэм

Черкесск къалэм и «Юбилейный» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэсым ДзюдомкIэ и федерацэм и тхьэмадэу щыта Атабиев Арасул и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIа къэралым и щIыналъэ 13-м я дзюдоист 180-м нэблагъэр, пашэныгъэр къэхьыным къыдэкIуэу, щIэбэнащ Урысейм спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр къыхуагъэфэщэным. Зэхьэзэхуэм хэтахэр я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуахэрщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм Черкесск хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медаль зэхуэмыдэу 8 къихьащ, абы щыщу 3-р дыщэу. 

Къэзылъэфри зылъэфыжри…

(Бэзэрщауэ и гукъэкIыжхэр)

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 1, блыщхьэ
Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэщ
Ауанымрэ дыхьэшхымрэ я махуэщ
1930 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Щауэжь Розэ.
1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.
1943 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ дохутыр, жылагъуэ лэжьакIуэ Тэмазэ Анатолэ.

КIыщ Аслъэнбэч и ехъулIэныгъэ

«Wrestlers of KBR» телеграм-каналым къызэритамкIэ, фIыуэ зэхэзымыххэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ Владимир къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу I3-м я бэнакIуэу 70-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 24-м щIимыгъуауэ.
Владимир къалэм Тимофеев Дмитрий и цIэр зэрихьэу дэт спорт комплексым и бэнакIуэхэм я пэшыр мы махуэхэм хуэугъурлащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен КIыщ Аслъэнбэч. Килограмм 72-рэ хъухэм я деж ди щIалэм домбеякъ медалыр къыщихьащ. 

Турист нэхъыбэ къызэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и курортхэм жыджэру зрагъэужь, ухуэныгъэщIэхэр ирагъэкIуэкI: дызэрыт илъэс къудейм къриубыдэу абыхэм къыщызэIуахынущ республикэм зыщызыгъэпсэхуну, зыщызыплъыхьыну къакIуэхэр къыщыувыIэну щIыпIэщIэу, хьэщIэщ пэшу 550-м щIигъу. «Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, а Iуэхугъуэхэм хухахынущ сом мелуан 366-рэ, жиIащ иджыблагъэ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат. 

Урысейм щащIахэм щIэупщIэ яIэщ

IуэхущIапIэхэм къыщIагъэкI продукцэхэм фIагъ лъагэ зэраIэм щыхьэт техъуэ «Урысейм щащIащ» сертификатыр къыIахыныр, ахэр хамэ къэралым щыпхагъэкIыныр, абы щхьэкIи щIэгъэкъуэн къагъуэтыныр нэхъ тынши, нэхъ псынщIи хъуащ.

Тынш хъунущ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иту республикэм мы гъэм щызэрагъэзэхуэж автомобиль зекIуапIэхэм я нэхъ кIыхь дыдэр Бахъсэн районым и Къубэ-Тэбэ, Къулькъужын Ищхъэрэ, Къулькъужын Ипщэ къуажэхэр зэпызыщIэ гъуэгурщ. Абы километр 18 и кIыхьагъщ. 
Къулъкъужын Ищхъэрэм пхрыкI автомобиль зекIуапIэм зэщIегъэхьэ амбулаторэр, щIыпIэ сымаджэщыр, къуажэ администрацэм и хэщIапIэр, курыт еджапIищыр, ЩэнхабзэмкIэ унэр, Iэпкълъэпкъым зыщрагъэужь-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэр, сабий садыр, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр. 

Мэлыжьыхьым и 1-р Ауанымрэ гушыIэмрэ я дунейпсо махуэщ

Тхьэм гушыIэр и щIасэщ!
Мэлыжьыхьым и 1-м Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм дэгушыIэ хабзэщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, мэлыжьыхьым и I-р нэхъапэм ягъэлъапIэу щытащ гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэу. МафIэщхьэтыхьыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ ИлъэсыщIэр, сыт щыгъуи гушыIэрэ ауанкIэ гъэнщIат. А махуэшхуэм и хабзэхэр иджыри кIуэдыжакъым. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къалъытэр щIыуэпсым и щытыкIэрщ, гъатхэ уэшхырилэр, уэтIпсытIыр, махуэ нэщхъеифэхэр ауанрэ гушыIэкIэ ягъэдахэрт… 

ХэкулI хахуэ

Гур здэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ, жиIащ пасэрей адыгэм. ЛIыфIым къыщымынэу, абы насып къызэрыдэкIуэри, гупсэхугъуэрэ берычэтрэ къызэрыпэкIуэри щынэрылъагъущ Тыркум къыщалъхуа, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжауэ тыншу щыпсэу Къетыкъуэ Мухьэрэм и гъащIэм. Хэхэсыныр зи натIэ хъуа адыгэ мелуанхэм ящыщт Мухьэрэм. И натIэ къритхар арами, Тхьэм фIыуэ илъэгъуахэм я бжыгъэм хэтти, хэкужьым унагъуэ щыхъужыну, и щхьэ Iуэху щызэрихуэжыну, лажьэу-шхэжу и гъащIэр щрихьэкIыну къыхуэупсэжащ.