КъБР-м щIыхь зиIэ и щIэныгъэрылажьэ, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор Къущхьэ Хьэсбий КъБКъУ-р къиухри, Украинэм аспирантурэм щыщIэтIысхьат. ЩIэныгъэр зи псэм хэлъ щIалэм къыщыгуфIыкIащ а зэманым уей-уей жезыгъэIэу щыта украин институт цIэрыIуэр. Дунейр къызэхикIухьщ, и цIэр фIыкIэ игъэIури, и унэ къихьэжащ Къущхьэр. Къызэрысыжри органикэм щымыщ химиемрэ физикэм епха химиемкIэ КъБКъУ-м и кафедрэм и унафэщIщ. НэхъапэIуэкIэ зыми и акъыл зыхунэмыса къэхутэныгъэу 16 иIэщ иджыри Совет лъэхъэнэм къигупсысыгъауэ. Урысей Федерацэм и патенту 36-рэ къихьащ, Роспатентым и къэхутэныгъищэ нэхъыфI дыдэхэм къыхалъытэу.
- Хьэсбий, аспирантурэри докторантурэри къыщыбухыжар Украинэрат. Дуней псом къыщацIыхуу химиемкIэ щIэныгъэлI куэд иIэт а къэралым абы щыгъуэ. Дауэ къыпщыхъуат узыхыхьа гупыр?
- СыздэщыIа институтыр фIыт. Хамэ къэрал къикIыу щIэныгъэлI куэд неблагъэрт абы. Дэри дашэурэ хамэ къэралхэм я лэжьэкIэм драгъэплъырт. Апхуэдэу сыщыIащ Венгрием, Словакием, Германием, Польшэм, Румынием, Данием. Горбачёвыр щытетам «Научно-техническое содружество стран СЕВ» жиIэу щыIащ. Абы сыхэту лэжьыгъэ куэд ядэсщIащ Францием, Испанием, Америкэм щыщIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм. А зэманым Япониеми США-ми срагъэблэгъауэ, зэгурыIуэныгъэри хьэзырыххэу къэралыр лъэлъэжри, сыкъэнауэ щытащ. Апхуэдэу щыхъум, сыкъызыхэкIа лъэпкъым сокIуэлIэж, жысIэщ, си бын-унагъуэр къызэщIэскъуэри, къэзгъэзэжащ. СыкъаутIыпщын ядэртэкъым, IэнатIэ зэхуэмыдэхэр къысхуагъэлъагъуэрт, ауэ къэзгъэзэжмэ нэхъ сфIэфIт. Зыри диIэтэкъым: уни фэтэри къытхуэщэхунутэкъыми, сыщыстудентым сызыщIэса общежитым дыщIагъэтIысхэри, илъэситхукIэ дыщIэсащ. ЗэрыжаIэу, гъащIэр щIэрыщIэу къыщIэддзэжам хуэдэт.
- Уи щIэныгъэ лэжьыгъэм мыбдеж щыпыпщэжыну Iэмал уиIа?
- Зыри щымыIэу жыпIэ хъунутэкъым. Сезыгъэджахэр щыIэт, абыхэми щIэныгъэшхуэ ябгъэдэлът, ауэ сэ си унэтIыныгъэм хуэди, сызэрылэжьэн Iэмэпсыми къыздэлэжьэни щыIэтэкъым. Уи закъуэ щIэныгъэм зыри хэпщIыхьыфынукъым, дэIэпыкъуэгъурэ акъылэгъурэ уимыIэмэ. Лъостэнрат сыкъэзышэжари, «сэ революционнэу сыкъыфхыхьэжыну сыхуейкъым, сэ эволюционнэу сыкъыфхыхьэжыну аращ си хъуэпсапIэри, щIалэгъуалэ, лабораторие къызэт», жесIащ. КъысхуищIэнуIами хунэсакъым, куэд дэмыкIыу дунейм ехыжащ. АдэкIэ сэр-сэрти, студентхэм сахэплъэм, си унэтIыныгъэм дихьэххэр къахэсшурэ, гуп къызэзгъэпэщащ.
- Университетым дыщыщIэсам, химие факультетым и студентхэр сыт хуэдэ зэхьэзэхуи, Iуэхугъуи къамыгъанэу хэтт, дэнэкIи щыпэрытт. НобэкIи, КъБКъУ-м къэхутэныгъэщIэ къыщызэIуахащ, щыжаIэкIи фи цIэрщ зэпхар. И гугъу уэзгъэщIынут фызэлэжьхэм.
- Киев аспирантурэм сыщIэтIысхьа нэужь, узытелэжьэну темэр убзыхун хуейти, си егъэджакIуэм жиIауэ щытащ: «Молибденрэ вольфрамрэ фи щIыналъэм щыIэщи, абы теухуауэ улэжьамэ, нэхъ къэсщтэнут». Къыхэсхари аращ. Вольфрамрэ молибденрэ къуршым гъущIу щIэлъуракъым, шыгъуу хэлъуращи, абы гъущIыр къыхэгъэкъэбзыкIыжын хуейщ. Абы щхьэкIэ, «электровосстановление» жыхуаIэр ебгъэкIуэкIын хуейщ. Мис ар Iуэхушхуэщ, гугъущ. Дауэ мыхъуами, зэтеублэн хуейти, «теория многоэлектронных процессов» жери теорие дубзыхуауэ щытащ си диссертацэм ипкъ иту. НэхъапэIуэкIэ щIэныгъэм апхуэдэ хэтатэкъым: «Ар апхуэдэу хъунукъым, къохъулIэнукъым, пэжкъым», - жаIэу, зи фIэщ сымыхъу Iэджи щыIащ. Уеблэмэ зи Iуэху зесхуэр къагурызгъэIуэн папщIэ зэIущIэшхуэ зэхашэри сыщытрагъэпсэлъыхьат.
- Апхуэдиз илъэс бжыгъэ хъуауэ щIым газри щIыдагъэри къыщIыдош, фIамыщIыр къыщIыдох. Ар къызыхэтш щIым зыгуэркIэ ди зэран емыкIауэ, демыгуэуауэ пIэрэ?
- Ар къэплъытэну гугъущ. Ауэ апхуэдиз къызыщIэпш щIым зызэрихъуэжыр гурыIуэгъуэщ. Лъэхъэнэжьым къыщыщIэдзауэ 1900 гъэхэм нэс цIыхум игъэкIуэда энергием хуэдиз иджыпсту зы илъэсым къыдогъэсэбэп. 2050 гъэм ирихьэлIэу, а энергиер пщIыкIэ гъэбэгъуэжауэ зы илъэсым жылагъуэм игъэкIуэду хъунущ.
- ЩIым хуэшэчыну ар?
- ЩIыдагъэри, газри, фIамыщIри дрикъунукъым, шэч хэмылъу. Атом энергие, термоядернэ энергие, химие реакцэм и къарур электроэнергие щIын – мис ахэри къагъэсэбэпынущ. Ауэ абыхэм я къарур ярикъунукъым. ФIыуэ хэлъыр зыщ – къабзэщ, хьэуами, псыми, щIыми зэран хуэмыхъуу.
- Фэ Ростехми, Росатомми, Роскосмосми фыпыщIащ, сызэрыщыгъуазэмкIэ...
- Пэжщ, дадолажьэ. Илъэсищ хъуауэ зыгуэрым долэжьри, Росатомым и фIыгъэкIэ конференцэшхуэ идогъэкIуэкI. Абы къоблагъэ щIэныгъэ IуэхущIапIэ, еджапIэ нэхъыщхьэ куэдым я лIыкIуэхэр. Илъэсым къриубыдэу тщIам дыщроплъэж, ахэр цIыхум зэрыбгъэдэтлъхьэнур доубзыху. КъищынэмыщIауэ, «Электрохимия расплавленных солей твёрдых электролитов» жери зэIущIэшхуитI Урысейм и университетитIым гъуэрыгъуэу щыдогъэкIуэкI. Иджыпсту санкцэхэм Iэмал къыдатыжыркъым щIэныгъэлIхэр къедгъэблэгъэну, ауэ фIым дыщогугъ.
- Фи къэхутэныгъэхэр производствэм зэрыкIуэм теухуауэ сыт къыджепIэн, Хьэсбий?
- Производствэмрэ щIэныгъэмрэ гугъусыгъуу къызэдекIуэкIыу щытащ сыт щыгъуи. Зыр зым лъэщIэмыхьэурэ къэхутэныгъэм и мыхьэнэм хощI е ар къыщагъэсэбэпыну зыхуэтщIа производствэр къызэтоувыIэ. А къэбгупсысар производствэм хэплъхьэнри лэжьыгъэшхуэщ, жыхуэсIэщ.
- Студентхэм уатезгъэпсэлъыхьынут. Ди нобэрей щIалэгъуалэр дауэ щеджэрэ химие къудамэм, дауэ щIэныгъэм девгъэхьэхрэ?
- ЕгъэджакIуэр езыр и IэщIагъэм, щIэныгъэм дихьэхагъэххэу щымытмэ, студентхэри пхудегъэхьэхынукъым, Жан. Пэжщ, курсым щIэс цIыху 25-ри фIы дыдэу еджэ защIэу, щIэныгъэр я плъапIэу къэкIуауэ пхужыIэнукъым. Курыт еджапIэр фIы дыдэу къиухами, сабийм щIэныгъэм зыри щыхимыщIыкIи къохъу. ФIыуэ еджауэ, псори ищIэу, ауэ щIэныгъэм димыхьэхыу, хуэмейуэ. Сэ сиIащ студент, зы предмет гуэр хуэмыту щIадзыжауэ, къэслъыхъуэжу къыщIэзгъэтIысхьэжауэ. Абы бакалавриатри, магистратурэри, аспирантурэри къиухыжри, щIэныгъэмкIэ кандидат хъужауэ мэлажьэ.
- Уи гупым ухэхуэн щхьэкIэ сыт хуэдэ зэфIэкI ббгъэдэлъын хуейр?
- Студентыр «5» защIэкIэ емыджэми, лабораторэм зэрыщIэтым, зэрылажьэм куэд дыдэ къегъэлъагъуэ. Игурэ и псэкIэ фIэгъэщIэгъуэну, елIалIэу, лэжьэну хуейуэ щытмэ, зыщIыпIэ деж щыIэщIэкIа щIэныгъэр хуэм-хуэмурэ къищтэжынущ абы. Псалъэм папщIэ, Киев сыщыщыIам си унафэщIу щытам къызэриуха дипломым «3» защIэт итыр, ауэ абы зы акъыл иIэти, умыгъэщIагъуэу плъэкIыртэкъым. ПыухыкIауэ зы унэтIыныгъэм гъуэзэджэу хэпщIыкIыныр аращ IэщIагъэ хъужыр.
- Апхуэдиз лэжьыгъэм укъыдэхуэу ущыжейр дапщэщ, Хьэсбий?
- Сыхьэти 4 - 5-м срокъу.
- Уи узыншагъэмкIэ ар зэранкъэ?
- ЗыхызощIэ, ауэ нэгъуэщIу сыщытыфкъым.
- Упсэу, Хьэсбий! Уи къаруми гукъыдэжми хэмыщIу, Iуэхуу бублэр къыбдэхъуу, иджыри илъэс куэдкIэ Тхьэм уигъэпсэу.