Зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутыр IэщIагъэм узэрехъулIэнур куэдкIэ елъытащ ар уи гумрэ уи псэмрэ къызэрыдыхьэм. ФIыуэ плъагъу Iуэхум ухуэщхьэхынукъым, уи зэфIэкIым зэрыхэбгъэхъуэным, нэхъыбэ зэрыблэжьыным сытым дежи ухущIэкъуу щытынущ. АбыкIэ щапхъэщ нобэ ди псэлъэгъу бзылъхугъэр. - Илъэс 20-м щIигъужащ дохутыр-отоларингологыу сызэрылажьэрэ, ауэ къызэрыщIэздзар терапевтущ, - къыщIедзэ псалъэмакъыр Мадинэ. - Абы сызэрыхуэкIуэжари гъэщIэгъуэнщ. Си щхьэгъусэ Къэзакъ Заур сабийхэм еIэзэ неврологщ. ТIури Бахъсэн район сымаджэщым дыщылажьэрт. Абы район поликлиникэхэри и нэIэ щIэтти, лэжьыгъэ нэхъыбэ и пщэ къыдэхуэрт. Абы щыгъуэм компьютерхэр щыIэтэкъым, сымаджэм и дэфтэр тхылъым псори IэкIэт зэриттхэжыр. ЗэрысхузэфIэкIкIэ зыгуэр зэрыщызгъэпсынщIэным сыхэтти, жэщкIэрэ абы и гъусэу сытхэрт. Апхуэдэурэ здекIуэкIым си щхьэгъусэм сытрегъэгушхуэ: «Уэри сабий неврологыу еджэжи, район сымаджэщым а и IэнатIэр зэгъусэу зэдетхьэкIынщ», - жери. IуэхущIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэ Къарэнашэ Iэминат деж сокIуэри, ди мурадыр хузоIуатэ, арщхьэкIэ езым нэгъуэщI гугъэ къысхуиIэу къыщIокI. «Бахъсэн район сымаджэщым сабий невролог нэхъыфI дыдэр щолажьэ, ЛОР-дохутыр дыхуэныкъуэщи, еджапIэ узэрыкIуэнум зыхуэгъэхьэзыр», - къызжеIэри сыкъыщIегъэкIыж. Егъэлеяуэ сыхуэарэзыщ а бзылъхугъэм Iуэхум сызэрытригъэгушхуам папщIэ. Сызыхуеджэжа IэщIагъэм апхуэдизкIэ сыдихьэхати, лэжьыгъэм сыщыпэрыхьэжынум сыхуэпIащIэу сыкъэкIуэжат. МОНИКИ медицинэ IуэхущIапIэрат си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуари, абы щыIэ профессор гупым лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэмкIэ IэщIагъэр фIыуэ умылъагъупIэр иIэтэкъым. Сэ насыпыфIэ сещI мис мы си IэхэмкIэ цIыхум и узыр зэрыщхьэщысхыфым. Зи тхьэкIумэр узу жэщ псом мыжея е тхьэмахуитI хъуауэ гайморит иIэу зи щхьэр къызыхуэмыIэт, пэкIэ хуиту мыбэуэф цIыхум асыхьэтым зыгуэрхэр ибохьэлIэри, плъагъуурэ и нэгум зехъуэж, и нэхэм гъащIэ къыщIохьэж. Сымаджэм апхуэдэ щытыкIэ зэрыритыжыфырщ дохутырым и гуащIэм хэзыгъахъуэр. «Дуней нэхум хуиту сыхэбгъэплъэжаи», - сымаджэм къыщыбжиIэкIэ, ар си лэжьыгъэм къыпэкIуэ фIыщIэ мылъытэщ. Си мызакъуэуи, дохутыр псом я дежкIи.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 18:33 →
Ратмир и жыгхэр мэкI
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
16.05.2024 - 12:16 →
ТекIуэныгъэ Иным теухуа концертхэр
|