ТхьэкIумэкIыхь зыгъэхъухэм ящIапхъэщ

УнафэщIэхэр

Гъатхэпэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ тхьэкIумэкIыхьхэм уазэрыкIэлъыплъынум теухуауэ къыхалъхьа ветеринар хабзэщIэхэм. Ар зекIуэнущ 2030 гъэм и гъатхэпэм и 1 пщIондэ.
Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, нобэ ди къэралым тхьэкIумэкIыхь щагъэхъу предприятэ 500 иIэщ. Псоми фIыуэ ялъагъу а псэущхьэ цIыкIухэр зыгъэхъухэм ящIапхъэщ абыхэм я узыншагъэм кIэлъыплъын зэрыхуейр. Къапщтэмэ, абыхэм япкърытынкIэ мэхъу езыхэмкIи цIыхухэмкIи шынагъуэ узыфэ щхьэхуэхэр. Абыхэм ящыщщ щхьэр зэIыхьэныр, пастереплезыр, листериозыр, туляремиер, цистицеркозыр. 
Къащта унафэр гъэзэщIэныр предприятэхэм пщэрылъ щащIащ мыпхуэдэ мардэхэм тету:
ТхьэкIумэкIыхьыгъуэхэр быдэу къэхухьын хуейщ, псэущхьэ Iэлхэр имыхьэфын хуэдэу. 
Абыхэм яIэну хуагъэув цIыхухэр щихьэкIи къыщикIыжкIи дезинфекцэ хуэIухуэщIэхэр щрагъэкIуэкIын плIанэпэхэр.
ТхьэкIумэкIыхьыгъуэхэр зыр адрейм пэщIэхауэ, ахэр вентиляцэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ, гъуэхэр тхьэкIумэкIыхьхэмкIэ шынагъуэншэу икIи дезинфекцэ лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIыным зэран хуэмыхъу пкъыгъуэхэм къыхэщIыкIауэ щытын хуейщ. 
Ахэр нэгъуэщI псэущхьэхэм яхэбгъэтIысхьэ хъунукъым икIи абыхэм хуэкIуэ IэщIэлъынрэ шхынкIэ къызэгъэпэщауэ щытын хуейщ.
ТхьэкIумэкIыхьхэр зыгъэхъухэм яIэн хуейщ зэрылажьэ щыгъын щхьэхуэ, ахэр щаIыгъ щIыпIэм щихьэкIи къыщикIыжкIи зэблахъуу. КъищынэмыщIауэ, хозяйствэ къэс яIэн хуейщ ахэр щаукI, я фэм щелэжь щIыпIэхэр.
ЯгъэзэщIэн хуей ветеринар хабзэхэм къыщыгъэлъэгъуащ тхьэкIумэкIыхьхэр, я ныбжькIэ зэхэдзауэ, щаIыгъыну щIыпIэхэм я инагъыр, псыуэ ирафынур зыхуэдизыр, дезинфекцэ лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэр.
 

 

«ГъавэхэкIхэм я фIагъым щыкIэлъыплъ центр» ФГБУ-м и Кавказ Ищхъэрэ къудамэ.
Поделиться: