Мэлыжьыхьым и 1-р Ауанымрэ гушыIэмрэ я дунейпсо махуэщ

Тхьэм гушыIэр и щIасэщ!
Мэлыжьыхьым и 1-м Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм дэгушыIэ хабзэщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, мэлыжьыхьым и I-р нэхъапэм ягъэлъапIэу щытащ гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэу. МафIэщхьэтыхьыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ ИлъэсыщIэр, сыт щыгъуи гушыIэрэ ауанкIэ гъэнщIат. А махуэшхуэм и хабзэхэр иджыри кIуэдыжакъым. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къалъытэр щIыуэпсым и щытыкIэрщ, гъатхэ уэшхырилэр, уэтIпсытIыр, махуэ нэщхъеифэхэр ауанрэ гушыIэкIэ ягъэдахэрт… 
Мэлыжьыхьым и 1-м гушыIэхэми зыдэгушыIэхэми куэду дарохьэлIэ. А махуэм къэунэхуа гушыIэхэм ящыщу дуней псом нэхъ цIэрыIуэ щыхъуауэ 100-р къагъэлъэгъуащ. Апхуэдэхэщ, Пизанскэ чэщанэр «къызэрыуам», вымпIу «къэзылъэтыхьхэм» ятеухуауэ телевиденэм къита репортажхэр, нэгъуэщIхэри.
Урысейм гушыIэмрэ ауанымрэ я махуэм и къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэр: «Мэлыжьыхьым и 1-м зым жиIи уи фIэщ умыщI!» псалъэхэращ. Аращ а махуэм Iэмал имыIэу зыгуэр гуапэу къэбгъэпцIэн хуейуэ къыщIалъытэр. Армыхъумэ, махуэр пщIэншэу кIуащ…
Ди лъэпкъ литературэм и мащIэкъым ауан, гушыIэ рассказхэр, миниатюрэхэр, усэхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Бекъул Барэсбий, IутIыж Борис, Хьэх Сэфарбий сымэ я тхыгъэу.
 
ХъуэжэщIэ
Бэзэрым къытехьэщ Хъуэжэи, Iэщ щапIэмкIэ екIуэкIащ, жи. Бжэн зыщэу щыт лIым бгъэдыхьауэ йоупщI: «СлIо, къуэш, мы жыггъэкIым и уасэр»? – жеIэри. ЛIыр занщIэу къэгуфIащ: «Уэр хуэдэу мыбы хуэфащэ цIэ фIэзыща сэ нобэм къэсыху срихьэлIакъым. Апхуэдэу ущыуэршэркIэ, тхьэ соIуэ, уэ пфIэзмыхын мы си жыггъэкIыр. МобыкIэ кIуэцIрыкI пыIэщхъуэм тумэниплIкIэ къызэт жери нобэ лъандэм сигъэпсэуркъым. Ауэ, къащтэ, тхьэ соIуэ, уэ тумэнищкIэ уэстынкIэ, зы бжьи уезгъэфэжу». 
Хъуэжэ бжэн къэщэхун муради иIэтэкъым, зы бжьэ ефэну къежьауэ гъусэт къилъыхъуэр. Ауэ апхуэдэ блигъэкIынт. Абы Iэмал къыхуигъуэтынтэкъэ Хъуэжэ?! «Уэ жыпIэр пэжым, сеупщIынкъэ мобы», - жиIэри, бжэным тумэниплI къезыту жыхуиIа пыIэщхъуэм Хъуэжэ лъэщIыхьэри къигъэувыIащ. 
- Мо бжэным тумэниплI ептыр пэж?
- Тхьэ сыгъыIэ, изоткIэ, идэркъым армыхъум.
- АтIэ, сэ къуезгъэтынщ ар тумэниплIкIэ.
- Тхьэ сыгъыIэ, зы бжьи уезгъэфэнкIэ къызебгъэтмэ. 
- Къащтэ атIэ уи тумэниплIыр, уэри модэкIэ лъэныкъуэ зынегъэз. 
Арати, Хъуэжэ бжэныр тумэнищкIэ къищэхуащ. «Зы бжьэ себгъэфэныр пэжмэ, зумыгъэгувэу мо шей ефапIэм накIуэ», - жриIэщ къыздищэхуа лIыми, бжэныр бэзэрым къытрилъэфащ. 
Тумэн къыдигъэхуар и гуфIакIэ жыпым иригъэзагъэри, Хъуэжэ бжэныр пыIэщхъуэм иритащ. «Зы бжьэ себгъэфэныр пэжмэ, зумыгъэгувэу мо шей ефапIэмкIэ накIуэ», жриIэщ абыи езыр ежьащ. 
Куэд мыщIэу щыри зэхуэзэжащ. АдэкIэ къэхъуам сыткIэ ухуей?! Ари апхуэдэхэм деж къэхъухэм ещхьыркъабзэщ. Сыту хъуми, Хъуэжэ хэкIуэдакъым. Я хьэблэ щIалэхэр къыхуэзэри я унэ яхьыжащ. Ауэ пщэдджыжьым тумэнри игъуэтыжакъым. ЗыгуэркIэ кIэрыхуу кIуэда и гугъэри хуабжьу гузэват, ауэ пщыхьэщхьэм зэрырифар къыщыжраIэжым, и гур тыншыжащ. 
Си гум илъыр къащIи…
ФIыуэ зэрылъагъу щIалэрэ хъыджэбзрэ зэдэгушыIэу зэбгъэдэсщи, хъыджэбзым жеIэ:
- Си гум илъыр къащIи, си IэмыщIэ илъыр уэстынщ.
- Бостей дахэ сиIащэрэт, жыпIэу аракъэ?
- Хьэуэ, аракъым, бостей дахэми зэ и фэ кIуэнущ.
- АтIэ, IэлъэщI дахэ сиIащэрэт, жыпIэу ара?
- Хьэуэ, аракъым, IэлъэщI дахэми сехъуапсэркъым. Ари зэ текIыжынщ.
- АтIэ, туфлъэ дахэ сиIащэрэт, жыпIэу ара?
- Хьэуэ, аракъым. Туфлъэ дахэми дэнэ сынихьэсын? Ари зэ Iей хъужынщ. 
- АтIэ, ахъшэ куэд сиIащэрэт, жыпIэу ара?
- Хьэуэ, аракъым, ахъшэри зэ мыкIуэ хъужынщ.
- АтIэ, унагъуэ къулей сихуащэрэт, жыпIэу ара?
- Хьэуэ, аракъым. Унагъуэ къулейри зэ къулейсыз хъужынкIэ мэхъу. 
- АтIэ, дахэ дыдэу сыщытащэрэт, жыпIэу ара?
- Хьэуэ, аракъым, шы дахэ мыжэри щIагъуэкъым. 
- АтIэ, псори сэ къызэхъуапсэу сыпсэуащэрэт, жыпIэу ара?
- Хьэуэ, аракъым, къэпщIакъым иджыри.
- АтIэ, фIыуэ слъагъу щIалэм сишащэрэт, жыпIэу ара?
- Аращ, си гум илъыр къэпщIащ, - жери хъыджэбзым и IэмыщIэм илъ Iэлъыныр щIалэм иритащ.
СлъэкIамэ
Хъыбарыжьхэм жаIэ: «Япэ дыдэу
Тхьэм Iэдэм и закъуэ къигъэщIащ.
Ауэ ар езэшти, тхьэIухуду
Зы цIыхубз и дзажэм къыдихащ».
И лэжьыгъэм пэкIуэу, сэ слъэкIамэ,
Iэдэм дыщэу сын хуэзгъэувынт:
А лIы Iущым фыкъимыгъуэтамэ…
Мыпхуэдизрэ хэт дытетхыхьынт?
 
Сыпхурикъуакъэ?!
Гухэлъ пхузиIэр сэ носIуэкIащ, -
Уэ сыкъэбдакъым.
Ди хабзэм тету сыныплъыхъуащ,-
Укъызатакъым.
Ауэ итIани укъэзгъуэтащ,
Си мыгъуэ закъуэ:
Ныжэбэ псом сынопщIыхьащ, -
Сыпхурикъуакъэ?!
ЛъагапIэ
Уэ къыпхужаIэ: «ЛIы губзыгъэщ».
Уи гъащIэ уэгури хуабжьу бзыгъэщ.
Уи унэр бгъуфIэщ.
Уи фызыр бжьыфIэщ.
Уи бохъшэр хуэфIщ. 
Нэхъыщхьэр пхуэфIщ.
Пхуэдэ зыри уи жагъуэгъукъым,
Схуэдэ зыри уи ныбжьэгъукъым. 
Уэ ухуокIуэ гъащIэ зыкъизыхым…
А лъагапIэ сэ сызыхуеплъыхым.
Иджырей лъагъуныгъэ
ЛIы щхьэ фэкъум ешэкIауэ
«Мерсым» исщ зы пщащэ.
И щхьэр лIым тригъэщIауэ
Пщащэр мэIущащэ:
«Сэ уэ фIыщ-щ-щэу узолъагъур,
ЖэщкIи сынопщIыхьыр!..»
ЛIыр мэгуфIэ… Хъыджэбз дэгъуэр
«Мерсым» толъэщIыхьыр.
Зэрымылъ пэ лъагэ
ПфIэделэщ псори уэ. Зыхош. Зогъэкъ…
Аращ къыщыщIыр делэм… щыхъукIэ фIэкхъ.
ДаIэ?
Акъылым щхьэцыр ирихыу жаIэ:
ИкIащ уи щхьэцыр, - акъылыр даIэ?
ПащIэ
«Сыадыгэщ!» жоIэ, птетщи пащIэ.
Ауэ пащIэм адыгагъэр пащIу 
Ди лъэпкъ мащIэм и дамыгъэ хъуамэ, - 
Уэ куэсэуэ укъэнэнт итIанэ. 
 
***
- ЦIыкIуфэкIуу мыхъуу, сэлам пIащэшхуэ фызох, псоми зэхуэдэу вгуэшыжыну! – и гушыIэкIэ-зыщIыкIэмрэ и ныбжьымрэ зэхуэхъуртэкъым зи Iэ ижьым зи лъакъуэ сэмэгур лъагэу дэзыIэтауэ бжэщхьэIум къытеува лIыжь зи щхьэр хуищIэу икIа-фIэтхъукIам.
Псори мэдыхьэшх. Сэ сигу къокIыж ар ди унафэщIым и къуэдзэу щыщытар. Зыми зэи зэхихыртэкъым ар макъ ищIу дыхьэшхыу. Пхъашэу, ткIийуэ зиIыгъ къудейми къыщымынэжу, и нэщхъыр зэхэлът, псалъэр и мащIэт. Сэлам епхамэ, е хыумыщIыкIыщэу къуихыжынт, е пIихыххэнтэкъым. Иджы мис…
***
ЛIым и щыгъын нэхъыфIхэр къызэкъуихауэ зыщитIагъэу щилъагъум, щхьэгъусэм къыгурыIуащ абы зэIущIэ гуэрым зэрызыхуигъэхьэзырыр. ЦIыхум щахыхьэнукIэ жиIэри, къыбгъэдэлъэдауэ, и пщэдэлъыр екIуу худегъэзагъэ, йосэбауэ, толъэщIыхь, бгъэдэкIуатэ-къыбгъэдэкIуэтыжурэ, егугъуу псори зыхуей хуегъазэри, и гур зэгъауэ щIегъэкI, щыгуфIыкIыжу.
Ар здэкIуэр абы ищIэу щытами!
Зыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться:

Читать также: