КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ![]() КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ IуэхукIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ. Тэтэрстан Республикэм ТуризмэмкIэ и комитетым иригъэблэгъащ ди хэгъэгум и лIыкIуэхэр, КъБР-мрэ ТР-мрэ зэпызыщIэ кхъухьлъатэ къызэрытрагъэувам и щIыхькIэ. ЩоджэнцIыкIу Мурат зригъэлъагъунущ Къэзан и щIыпIэ дахэхэр, зыплъыхьакIуэхэр дэзыхьэххэр. Абы хэгъэрейхэр щигъэгъуэзэнущ ди щIыналъэр зэрыбей псоми. КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрымрэ Тэтэрстаным ТуризмэмкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Иванов Сергейрэ тепсэлъыхьащ щIыналъитIым я зэпыщIэныгъэр зэрыпхуегъэфIэкIуэну Iэмалхэм. Апхуэдэуи «Тэтэрстан Республикэм и къалэхэм зегъэужьынымкIэ институтым» и фондым хыхьэ департаментым и Iэтащхьэ Саргинэ Оксанэрэ министрымрэ къытеувыIащ зэрызэдэлэжьэнум ехьэлIауэ хэгъэгухэм гу зылъатапхъэхэм.
Поделиться:
Читать также:
08.11.2026 - 13:12 →
Бекъул Миланэ УФ-м плIэнейрэ и чемпионщ
08.11.2026 - 10:08 →
ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм
07.11.2026 - 13:07 →
ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ
07.11.2026 - 11:06 →
Гъуэгухэр зытетыпхъэ мардэм нагъэс
07.11.2026 - 10:05 →
Къалащхьэм нэхъри зегъэужьыным теухуауэ
| ||





