Турист нэхъыбэ къызэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр![]() Къэбэрдей-Балъкъэрым и курортхэм жыджэру зрагъэужь, ухуэныгъэщIэхэр ирагъэкIуэкI: дызэрыт илъэс къудейм къриубыдэу абыхэм къыщызэIуахынущ республикэм зыщызыгъэпсэхуну, зыщызыплъыхьыну къакIуэхэр къыщыувыIэну щIыпIэщIэу, хьэщIэщ пэшу 550-м щIигъу. «Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, а Iуэхугъуэхэм хухахынущ сом мелуан 366-рэ, жиIащ иджыблагъэ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат. «2022 - 2024 гъэхэм псори зэхэту субсидиеу сом мелард I,68-рэ къэрал бюджетым къыхэкIащ, иджыпсту дызыпэрыт пэхуэщIэхэр I09-рэ мэхъу. Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу турист IэнатIэм зегъэужьыным ехьэлIауэ къэралым ахъшэ нэхъыбэ зыхуиутIыпщ I5-м яхохьэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 14:36 →
Ахъшэр зыужьыныгъэм къыхуагъэсэбэп
17.03.2025 - 13:33 →
Шэмрэ шатащхьэмрэ
17.03.2025 - 13:00 →
Шхыныгъуэ пщтырхэмкIэ къызэрагъэпэщ
17.03.2025 - 12:30 →
Сом мелард 1,5-м щIигъу къыхрагъалъхьэ
16.03.2025 - 15:49 →
Вындыжьым и насып щыгъэхэр
|