Макъамэ Iэмэпсымэхэр зыгъэбзэрабзэхэрАстрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна» VII дунейпсо зэпеуэр. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и студентхэр щытекIуащ абы. Зэхьэзэхуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтащ къэралым и гъуазджэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лIыкIуэхэр - музыкэмкIэ Урысей академие Гнесинхэ я цIэр зезыхьэм, Москва макъамэмкIэ и къэрал институт Шнитке А. Г. и цIэр зезыхьэм, Саратов и къэрал консерваторэ Собинов Л. В. и цIэр зезыхьэм, Нижегородскэ къэрал консерваторэ Глинкэ М. И. и цIэр зезыхьэм, ГъуазджэхэмкIэ Къэзахъ лъэпкъ университетым, Астрэхъан къэрал консерваторэм я егъэджакIуэхэр. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и цIэкIэ абы хэтащ егъэджэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ проректор, профессор Ахмедагаев Мусабег. КъэпщытакIуэ гупым и унафэщIу щытащ музыкэмкIэ Урысей академие Гнесинхэ я цIэр зезыхьэм и профессор, УФ-м и цIыхубэ артист Круглов Вячеслав. Зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, абы щытекIуахэм я цIэ къраIуащ. Зэхьэзэхуэм лъэпкъ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ и лауреат хъуащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъузаджэмкIэ и колледжым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и 4-нэ курсым щеджэ Абазокъуэ Азнауррэ (егъэджакIуэр Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэщ) ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ и къудамэм и 4-нэ курсым щIэс Мер Виолеттэрэ (егъэджакIуэр Кхъуэжь Мадинэщ). ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 17:46 →
Зи напэ емыплъу лъэбакъуэ зымыча
07.05.2024 - 12:25 →
КъардэнгъущI Зэрамыку игъэзащIэу щыта уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсауэ
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
|