Кубокыр къыздашэ![]() Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу. ЗэIущIэ екIуэкIам зы топи и гъуэм къыщыдримыгъэгъэкIыу «Iуащхьэмахуэ 2012» командэм Къэбэрдей-Балъкъэрым дыщэ медалыр къыхуихьащ. Зэхьэзэхуэм и гъуащхьэтет нэхъыфIу абы къыщалъытащ Абей Дамир, гъуащхьауэ нэхъ лъэщу - КIуэкIуэ Астемыр, топджэгу нэхъыфIу - Мэремкъул Дамир сымэ. Абы нэмыщI, а щIыналъэм иджыри щызэхэта зэхьэзэхуэм «Iуащхьэмахуэ 2011» командэм, кIэух зэпеуэм и Iыхьэ ныкъуэм къыщыхагъэщIа нэужь, ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Соблыр Алихъан гъуащхьэхъумэ нэхъыфIу абы къыщалъытащ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





