Тхыдэ

Я щхьэ щытхъужыным зыщадзей

Тхыдэтх, генерал-лейтенант, академик Дубровин Николай адыгэхэм яхужиIахэм щыщ:

Сымаджэм и нэгу зрагъэужькIэрэ…

ЩIэныгъэлIхэм зэратхымкIэ, адыгэхэм фэрэкI узыфэр зэрагъэхъужу щыта Iэмал гъэщIэгъуэныр XX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм щегъэжьауэ зыIэщIагъэхужауэ щытащ. Ауэ ди IуэрыIуатэм къыхэнащ цIыхум зэреIэзэу щыта щIапщэ уэрэдхэр. Ахэр щыуэ ягуэшырт: фэрэкI уэрэдхэр (оспэр зэрагъэхъужу щытар), щIопщакIуэ, шэхэх уэрэдхэр (уIэгъэ хъуар зэрагъэхъуж), щIэпщэ уэрэдхэр (удын, ущэба зыгъуэтам зэреIэзэ).

Лъэхъэнэ жыжьэм ухегъэплъэж

Мыжей Михаилрэ Пащты Мадинэрэ къыдагъэкIэ «Адыгэ мифологием и энциклопедие» тхылъым тхыдэм, IуэрыIуатэм дыщызрихьэлIэ псалъэ, Iуэхугъуэ  куэдым я мыхьэнэр щызэпкърыхауэ къыщыгъэлъэгъуащ. Нарт эпосым дызыщыхуэзэ «жьыукI хасэм» зищIысыр зэхэхауэ ятхыжащ абыхэм.

«ЖылакIэ»-м теухуауэ

Убыххэм я Хэкур зэрафIэкIуэдам теухуауэ 1974 гъэм къыдэкIауэ щыта «ЖылакIэ» тхыдэ романыр (Шинкубэ Бэгърат и IэдакъэщIэкIыр) нобэр къыздэсым тхылъ нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ. Псом хуэмыдэу ар щхьэпэу къалъытэ хы ФIыцIэ Iуфэм зауэр зэрыщекIуэкIа щIыкIэр джынымкIэ. Лэжьыгъэр зэрытхам теухуауэ Iуэхугъуибл къыхагъэщхьэхукIри, ахэр мы тхыгъэм къыщытхьынщ.

Къэзакъхэм адыгэ Iэщэ-фащэр къызэращтар

«Кавказ    къэзакъхэми   КъуэкIыпIэм   щыIэ    урыс    армэми   адыгэ зауэ  хуэIухуэщIэхэр   къызэращтар   апхуэдизкIэ   шэч  зыхэмылъыххэщи,    щIэныгъэ   тегъэщIапIэ   къэплъыхъуэу   ущIызэдэуэн   хэлъыжкъым», - жеIэ Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) дэт  музейм  и   тхыдэ  къудамэм и  лэжьакIуэ ФРОЛОВ   Борис.

Я щхьэм и пщIэр ящIэжрэ

Тхыдэр щыхьэт тохъуэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ гъавэ зэращIэм. Абы къикIыр гурыIуэгъуэщ: гъавэ зыщIэ хъуам зыужьыныгъэ игъуэтат, Iэпхъуэшапхъуэм къыпыкIри и пIэ итIысхьам, IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ ирипсэу хъуакIэт. Адыгэбзэм и тхыдэр зыджхэм ялъытэ гъавэцIэхэм, псалъэм папщIэ, «ху», «хьэ», «гуэдз» псалъэхэм ныбжьышхуэ яIэу. Пасэрей алыдж тхакIуэхэри аращ щыхьэт зытехъуэр: пасэ дыдэу гъавэ зыщIэ хъуа лъэпкъыжьхэм хабжэ адыгэхэр. Абыхэм зэратхымкIэ, пасэрей алыдж къэралхэм гъавэ куэдыкIейуэ къыщащэхурт Псыжь иса лъэпкъхэм я деж.

Си лъэпкъым и къежьапIэр Урысейрщ

 «Урысейр си Хэкущ, аращ абы сыкIуэжыну сыщIыхуейр. Ар си Iыхьлыхэм я адэжь щIыналъэщ. Шереметевхэ я цIэр зезыхьэ центрхэр, хорхэр, оркестрхэр, консерваторэхэр къызэзгъэпэщыну сыхуейщ. Хэкум ухуэщхьэпэныр къалэнщ дэтхэнэ цIыхум дежкIи», - а псалъэхэрщ Урысейм къыщIэIэпхъуэжыну щхьэусыгъуэр къызэригъэлъэгъуар Франджым илъэс куэд хъуауэ щыпсэу граф Шереметев Пётр. 

Тхыдэр щыхьэт тохъуэ

ЩIэныгъэм зэригъэбелджылащи, псори зэрызэпсалъэ, зэрызэгурыIуэ бзэм нэмыщI, пасэрей щакIуэхэм, зекIуэлIхэм бзэ лIэужьыгъуэ гуэр яIащ, зекIуэбзэкIэ, щакIуэбзэкIэ еджэу: щIагъыбзэкIэ зэпсалъэрт зекIуэ ежьа шухэр, псэущхьэхэм я цIэ ираIуэртэкъым щакIуэхэм. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ: зекIуэлIым и щэхум щыгъуазэIа хъунутэкъым - хэт и гъусэ, дэнэ лъэныкъуэкIэ здиунэтIынур, я гъуэгур кIыхь, хьэмэрэ кIэщI? Псэущхьэхэм я цIэ ираIуэмэ, щакIуэхэм я Iуэху къадэмыхъуну  (къамыщэкIуфынуIауэ) ялъытэрт.

Лъэужьыншэу блэкIакъым

ДызиIысыр, гъащIэм щыдиIэ мыхьэнэр, къалэныр, дызрикIуэну гъуэгуанэр къэтхутэн щхьэкIэ, куэдрэ би блэкIам дроплъэж, тхыдэм зыхудогъазэ. Апхуэдэ зы гъэщIэгъуэнагъ гуэрым сылъыхъуэу арати, «Шэрджэс Хэку» газетым ГъукIэкъул Даут и цIэр щIэту зы тхыгъэ хьэлэмэт къысIэрыхьащ. Ди лъэпкъым и тхыдэм епха хъыбар щхьэпэмкIэ «Адыгэ псалъэм» еджэхэми дадэгуэшэну ди гуапэщ.

Зи фэеплъыр ящымыгъупщэ къэфакIуэ

«НыбжьыщIэ дыдэу кIуащ ансамблым Соня. И Iэпкълъэпкъ лантIэмрэ зэрыщIыкIафIэмкIэ ар Кавказым и къэфакIуэ бзылъхугъэ нэхъыфI дыдэхэм занщIэу ящыщ хъуащ. «Къафэм и Гуащэ» цIэр абы зэрытрагъэIукIар хуэфащэ дыдэт. Къэбгъэлъагъуэмэ, «Уэркъ къафэр» щабэу, дахэу бгъэзэщIэныр ижь-ижьыж лъандэрэ пщIэшхуэ зыпылъу къалъытэ ди лъэпкъым. А къафэр лъэпкъ гъуазджэм и фIыпIэщ, лъэпкъым и псэ, и хьэл абы хэлъщ. Ар Шэру Соня къызэрехъулIэм хуэдэу нэгъуэщI тлъэгъуакъым», - мыпхуэдэ псалъэ гуапэхэр Шэрум хуэгъэзауэ КIэш Евгение «Бгырыс щIыналъэм ипхъухэр» и тхылъым щитхащ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ