Iуэхум и пэжыпIэр къагъуэтащ

Дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIхэм ящыщ куэд иужь ихьэри, Евразие псом къыхаша шыхэм я ДНК-р къапщытащ икIи иджырей шыхэр ботайскэ (Къэзахъстаным и Iэхэлъахэхэм хуэзэу къыщагъуэта къупщхьэхэрщ зи гугъу ищIыр) шы лъэпкъым къатехъукIауэ нобэм къэс зэрыхуагъэфащэр мытэмэму къалъытащ.
А шы лъэпкъхэм я къупщхьэ къыщIахахэм я жьэхэр, IумпIэ зэрыжьэдэлъар нэрылъагъуу, техат. Абы къигъэлъэгъуащ илъэс мини 3 ипэкIэ цIыхум къигъэсэбэпын щIидзауэ зыхуагъэфэща япэ шыхэр гъащIэм илъэс мини 5 ипэкIэ къызэрыхыхьар. ЩIэныгъэлIхэр темыкIыну иджы къытеувыIащ Индыл – Тэн щIыналъэм щыпсэуа лъэпкъхэм япэ дыдэу шыр къагъэIэсэу къагъэсэбэпын зэрыщIадзам. Ди эрэм ипэ илъэс мини 3-кIэ а щIыпIэм и ныджэ хуитхэм щагъэса шыхэр Евразием и щIыналъэ псоми щызэбграшу хуежьащ икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ ахэр къыщыхутащ Анатолие, Дунай Ищхъэрэм, Богемием, Азие Курытым, иужькIэ Европэмрэ Монголиемрэ.
- Зэман дэкIыу къэунэхуа шызакъуэгухэм цIыхум и гъащIэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр халъхьащ икIи апхуэдэ къэгъэсэбэпыкIэм и фIыгъэкIэ цIыхухэр зыр зым нэхъ псынщIэу лъэIэс хъуащ, лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэр ефIэкIуащ, дин хуэIухуэщIэхэр, Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр, хабзэ щхьэхуэхэр зэлъэщIыса хъунымкIэ мыхьэнэ ини игъуэтащ, - жиIащ а Iуэхум и пэжыпIэр къэгъуэтыным иужь ихьа щIэныгъэлI гупым я унафэщI профессор Орландэ Людовик.
Ди япэ ита лIэщIыгъуэм и мин 3 гъэхэм япэу шыр зэрыщIащIар къыхощ ижь-ижьыж шумерхэм я тхыдэ жыжьэхэми. Абыхэм хэтщ гудзэ зимыIэ шэрхъхэр зыщIэлъ шыгухэмкIэ цIыхухэм я хьэлъэхэр кърашэкIыу зэрыщытар. Апхуэдэ шыгу зэщIэщIахэм я кIапэлъапэхэр къыщагъуэтащ Урал, УралщIыб щIыналъэхэм. Ди эрэм ипэкIэ илъэс мини 2-3-кIэ узэIэбэкIыжмэ, дзэзешэ цIэрыIуэхэр дунейм щехыжам деж и шы зэщIэщIар, и Iэщэ-фащэхэр щIыгъуу щIалъхьэрт. Апхуэдэ кхъащхьэхэрщ шыр къызэрагъэIэсам щыхьэт техъуэ шы IумпIэхэр япэу къыщагъуэтари. КъыкIэлъыкIуа лIэщIыгъуэхэм шыгу зэщIэщIахэр Евразие псом щызэлъащIысащ. Ахэр псом хуэмыдэу къагъэсэбэпащ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Китайм, Мысырым я дзэ зэщIэузэдахэм. Ди эрэм ипэкIэ IX лIэщIыгъуэм Ассирием къыщызэрагъэпэщащ япэ шуудзэр, ауэ шууейхэм иджыри уанэ ящIэлътэкъым. Хуэмурэ абы я щхьэр хуэкIуэу япэ щIэдзын щабэхэр къыщагупсысар шызакъуэгухэм я пIэм шууей зауэлIхэр къиува нэужьщ.
Псом нэхърэ нэхъыжьу къалъытащ Китайм и Турфан къалэм пэмыжыжьэ Янхай щIыпIэм щыIэ кхъащхьэхэм ящыщ зым къыщагъуэта уанэр. Ари, зэрыхабзэу, зея цIыхубзым дыщIалъхьэжат. Уанэр къызыхэщIыкIар фэ Iуэта щабэт, тIууэ зэгуэдарэ, цы къабзэрэ хьэуазэкIэ кудауэ. Зэман-зэманкIэрэ щхьэнтэм илъыр щIэкIэ зэрахъуэжыр наIуэу, зы лъэныкъуэмкIэ фэ лэрыпс илъэфат. Апхуэдэ шы уанэхэр къыщагъуэтащ Алтай щыIэ кхъащхьэхэми. Ахэр ипэ ита эрэм и V лIэщIыгъуэм хеубыдэ.
Ауэрэ уанэхэри ефIакIуэу хуежьащ. Пхъэр зи лъабжьэ япэ уанэ къытеIэтыкIа шынагъуэншэхэр къыщежьар Китаймрэ Рим Империемрэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абыхэм я фIыгъэкIэ къэунэхуащ лъэрыгъхэри. Уанэхэр япэу къэзыгупсысар Китайм и губгъуэрысхэрами абыхэм я ищхъэрэ гъунэгъухэрами, абы халъхьа щIэрыщIагъхэр Корей хытIыгуныкъуэм щыщIидзэри Японием, иужькIэ дуней псом и Iыхьэ ныкъуэр зэпызыча монголхэм я деж нэсащ. VI лIэщIыгъуэм авар лъэпкъхэм ар яхьащ Византием, абы икIыу Европэм.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: