Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI

2024 гъэм илъэси 110-рэ ирокъу «Дикая дивизия» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна, Япэ дунейпсо зауэм хагъэтын папщIэ, кавказ лъэпкъ псоми къыхашауэ щыта шуудзэр къызэрызэрагъэпэщрэ.

«Кавказ лъэпкъ шуудзэм» тхылъ псо тезыухуа Опрышкэ Олег зэритхымкIэ, апхуэдэ зэгухьэныгъэ къызэгъэпэщыным пащтыхьыр япэу тезыгъэгушхуар къэбэрдей адыгэхэрщ. А зэманым Налшык и къалэтету щыта Къылышбий СулътIан дунейпсо зауэм зэрыщIидзамкIэ хъыбар къыщыIэрыхьэм, Къэбэрдейм езым и мылъкукIэ шуудзэ полк къызэригъэпэщыжу зауэм Iуигъэхьэну гупыж зэрищIыр пащтыхьым и къуэдзэхэм ялъигъэIэсащ. Жэрдэмыр Мэзкуу щрагъэхьым, пащтыхьым и арэзыныгъэм иужь иту унафи къыдэкIащ полкихыу зэхэт «Кавказ Лъэпкъ Шуудзэ» къызэрагъэпэщыну: япэ бригадэм – Къэбэрдей полкымрэ ЕтIуанэ Дагъыстэн полкымрэ, етIуанэ бригадэм – Тэтэр полкымрэ Шэшэн полкымрэ, ещанэ бригадэм – Шэрджэс полкымрэ Ингуш полкымрэ хэту. Урысейм и бийхэм езэуэн къалэныр адыгэхэм япэу ягъэунэху Iуэхугъуэтэкъым. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ екIуэкIа япон зауэми хэтат ахэр. «Налшык къалэ я абгъуэщ, я гъуэмылэр дэращ», - щетх «Япон зауэ» усэм мазэ блэкIам зи илъэси 170-р дгъэлъэпIа ПащIэ Бэчмырзэ: 
Къэбэрдей шу мащIэр шууищэ уасэщ,
Арысей пащтыхьыр абы къыщIоупщIэ,
Зи щхьэ щIэупщIэжыр абы и нэщанауэщ.

«Шуудзэ хъыжьэм» нэхъ убгъуауэ тетхыхьа урыс тхакIуэхэм язщ урыс тхакIуэ Брешко-Брешковский: «А зэманым Кавказ бгырысхэри Туркестаным щыщ губгъуэрысхэри пащтыхьыдзэм ираджэу щытакъым. ЗэрыцIыкIурэ Iэщэри шыри фIыуэ зэралъагъум, лIыгъэщIапIэхэм зэрыхуэпабгъэм, хахуагъкIэ цIэрыIуэ хъуным ягу зэрыхуеIэм тепщIыхьмэ, Кавказымрэ Туркестанымрэ шуудзэ телъыджэхэр къыпхухэщIыкIынут, ауэ къэралым а къарур къимыгъэсэбэпмэ нэхъ къищтэрт. Сыт щхьэкIэ? Хамэ лъэпкъхэм къыхэкIауэ шууей мин бжыгъэм Iэщэ яIэщIэплъхьэныр шынагъуэу къызэралъытэр арамэ – ар захуагъэтэкъым. Урысейм щыщ хъуа муслъымэнхэм игъащIэ лъандэми уи дзыхьыр нэхъ ягъэпэжу къекIуэкIащ чыристанхэм нэхърэ. А муслъымэнхэрщ сыт щыгъуи пащтыхьымрэ тахътэмрэ я хъумакIуэ быдэу къэувахэр. Революцэ зэманым ар IупщI дыдэу къигъэлъэгъуащ. Кавказ бгырысхэм псалъэ ятари, напэри, щIыхьри нэсу ягъэпэжащ». 
ТхакIуэм зэрыжиIауи, «Шуудзэ хъыжьэм» и процент 90-р муслъымэнт. Нэхъ пасэу дытетхыхьауэ щытащ Алихъан-хьэжы и нэIэ щIэтыну адыгэдзэм щыщ дэтхэнэ зы зауэлIми шэтемыгъахуэ дыуэ хуитхауэ зэрыщытам. Ауэ муслъымэным и Iуэхур гугъу зыщIыр абы япэ къэс ерыскъыр зэрыпхуемыгъэшхырщ. Дзэм а Iуэхур нэхъ ткIииж щохъу. Сыт-тIэ мы шуудзэм хагъэхьахэм яшхар? Былымыл, хъумэ – мэлыл. Iэщыр зэрыфIагъэжым набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъхэрт полкихым я ефэндыхэр. 
Игу зэрыхэхъуэр имыбзыщIу, ищхьэкIэ зи цIэ къыщитIуа Брешко-Брешковский топсэлъыхьыж бгырыс шууейхэм, лъэсыдзи, топи, пулемети къафIэмыIуэхуу, бийм хахуэу ебгъэрыкIуэу зэрыщытам: 
«Бгым къехуэх уэсукхъуэ фIэкIа умыщIэну, уафэхъуэпскIыу яхэлъадэрт ахэр бийм, маисэм хуэдэу жан я сэшхуэхэмрэ къамэхэмкIэ - мыжурэхэмрэ фочхэмрэ IэкIуэлъэкIуащэу яхэлъэщыхьу… Абыхэм я ебгъэрыкIуэкIэм техуауэ хъыбар телъыджэхэр яIуатэ. Австрием щыщ зауэлIхэм кавказ къуршыбгъэхэм «шейтIан пыIэ къуацэ» къыфIащауэ къыщышынэхэрт. Шэч хэмылъуи, европей фащэм фIыуэ къыщхьэщыкI я теплъэмкIэ кавказ бгырысхэм бийр гужьеигъуэм хадзэрт». 
«ФIэщщIыгъуейщ! – игу къегъэкIыж Къэбэрдей шуудзэм хэта урыс юрист, офицер Арсеньев Алексей, - IэмалыншагъэкIэ Урысейм и лъабжьэ щIэувэну къызыхуиха цIыхухэмрэ лъэпкъхэмрэ иджыри къэс къэралым и бийуэ щытрэ пэт, а лъэхъэнэм а гупсысэр зэрыIуагъэкIуэтыфар! «Шуудзэ хъыжьэ» телъыджэм щыщ зауэлIхэм я нэхъыбэр Урысейм и бийуэ щытахэм я къуэрылъхухэт, уеблэмэ я бын дыди яхэтт. ИтIани зыми химыгъэзыхьу, езым я гукъыдэжкIэ зауэм къыхыхьат ахэр икIи зы щапхъэ закъуи щыIэкъым абыхэм ящыщ сэлэт щIэпхъуэжауэ!»
Адыгэ шууейхэм я нэхъыбэм езыхэм яш, я уанэ, сэшхуэ, къамэ яIыгъыу Iууват зауэм. Къэралым къаритар фочхэмрэ мыжурэхэмрэт. Я зауэлI фащэр езыхэр зэса адыгэ цейрат: фIыуэ лъэгуажьэм фIэкIыу кIыхьрэ фIыцIэу (къэбэрдейхэм цей щхъуэкIэплъыкIэ щатIэгъэн я хабзэтэкъым). Я къэпталхэри фIыцIэт, хъурыфэ пыIэ ящхьэрыгъым икури я щхьэрыхъуэнхэри хужьт, щIакIуэхэр фIыцIэт. Офицерхэм я дамэтелъхэр дыжьыныфэт, щхъуантIэу къедэкIауэ, и щIыIум «К. Б.» хьэрфхэр тету. Шухэм я дамэтелъхэр апхуэдэ дыдэт, ауэ и лъэгур щIыхуу. Дзэр сатыру ува нэужь, шыIэныгъэшхуэ зыхэлъ къэбэрдей лъэпкъ зэпIэзэрытым хуэфащэхэу, фэкIэ адрейхэм къахэщу щытауэ жаIэж Къэбэрдейм икIа зауэлIхэр. 
Япэ дунейпсо зауэм журналисту щыIащ Толстой Лев и къуэ Илья. «Щхьэрыхъуэн плъыжьхэр» фIэщыгъэм щIэту, 1915 гъэм абы «Тэрч хъыбархэр» газетым мыпхуэдэ сатырхэр щитхащ: «Япэ дыдэ Кавказ Лъэпкъ Шуудзэм сыщыIуплъар Львов къалэрщ, дзэпщым утыку къришат ахэр. Къалэм и курыкупсэм, сыхьэтыр 12-м цIыхухэм я зэхэзекIуэгъуэт. Полкхэр шууэ, сатыр-сатыру блэкIхэрт, зыр адрейм и ужь иту, зым нэхърэ адрейр нэхъ бжьыфIэу. Къалэм игъащIэм имылъэгъуа телъыджэ и нэгу щIэкIащ а сыхьэтым… Адыгэ цей екIухэр ящыгъыу, дыщэ-дыжьыным къыхэщIыкIа я Iэщэр зэщIэлыдэу, дэпым хуэдэу плъыжь щхьэрыхъуэнхэр ядэлъу, шы псынщIэхэм тесхэу, езыхэр къуданхэу, къамылыфэхэу, я лъэпкъым иригушхуэрэ шыкIэпшынауэхэм я макъамэм щIэту блэкIхэрт а шу хъыжьэхэр. Дэтхэнэм уIумыплъэми, и нэгур гукъинэжт, адрейм хэмыгъуэщэну. ПлъэкIэ къэс – хахуагърэ къарурэ щIэлът. Илъэс 60 ипэкIэ ахэр ерыщу къыдэзэуащ, ауэ щыхъукIэ, иджыпсту апхуэдизкIэ Урысейм щыщ хъуахэщи, езыхэм я гукъыдэжкIэ къежьащ псоми ди зэхуэдэ бий шынагъуэм ебгъэрыкIуэну. Абы щыгъуэм Кавказыр зэрызэуам, сытри и хуитыныгъэм щIитыну хьэзыру зэрыщытам хуэдэ дыдэу, иджы абы и къуэ нэхъыфIхэр къиутIыпщат ди гъусэу ди Хэкум и хуитыныгъэм и мызакъуэу, Европэ псор биищIэм кърагъэлыну. Абы лъандэрэ мазэрэ ныкъуэрэ есхьэкIащ шуудзэм сыхэту икIи нэхъыщхьэм деж щегъэжьауэ нэхъ лъахъшэ дыдэм нэс си гур якIэрыпщIа къудейкъым, гурэ псэкIэ пщIэ яхуэсщIу зезгъэсащ. Сэ слъэгъуащ ахэр гъуэгу тетуи, загъэпсэхууи, зауэ губгъуэм итуи. ИлъэсищкIэ зауэ IэнатIэм Iута Кавказ Лъэпкъ Шуудзэм и сатырхэм псори зэхэту шууей минибл пхыкIащ. Гъэру дзэм къищтам и бжыгъэр фщIэну фыхуеймэ, езым и бжыгъэр плIыкIэ бгъэбагъуэмэ, зэфIэкIащ». 
ПIалъэ кIэщIкIэ фIэкIа дунейм темыта, революцэр къызэрыхъеяуэ зэбграутIыпщыкIыжа шуудзэм хэтахэм я цIэхэр иужькIэ тхыдэм къызэрыхэщыжам псори дрищыхьэтщ. Кавказымрэ Урысеймрэ «зэзыгъэкIужа» а зауэлIхэм я Iуэху зехьэкIэр, гупсысэкIэр, псоми езэгърэ пэт, я щхьэрэ я пщIэрэ зэрахъумэжа щIыкIэр иджыри илъэс куэдкIэ дджыну къытпэщылъщ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: