Абдеж щыщIидзакъым

Урысейм сыт щыгъуи щыдыгъуэу щытащ. Ди къэралым и къулеигъэхэр зэрапхъуэну щыхуежьар дыгъуасэкъым икIи вэсэмахуэкъым. Аращи, жагъуэу дигу къина «приватизацэ», «Чубайс», «олигарх» псалъэхэм ди нэгу къыщIагъэхьэ гуэрхэм ещхьхэр нэхъапэми щыIащ. Мылъкум хуэнэхъуеиншэхэр языныкъуэхэм деж хъийм икIырт, укIытэншэ дыдэ хъурт. 
Апхуэдэхэм ящыщащ фон Шёмберг Курт. Бгым елэжьынымкIэ а нэмыцэ IэщIагъэлIыр пащтыхь цIыхубз Аннэ и зэманым Саксонием кърашат. Щыгугъат Урысейм и дежкIэ IэнатIэщIэу щытыр зэфIэувэнымкIэ къадэIэпыкъуну. АрщхьэкIэ езым нэгъуэщI мурадхэр иIэу къыщIэкIащ. Нэгузегъэужь Iуэхухэм къадэмыхуэ Аннэ и пIэкIэ къэралыр ипэжыпIэкIэ зезыхьэ Бирон Эрнст IупэфIэгъу къищIри, хьэщIэм империем бгым елэжь и промышленность псом и Iэтащхьэ къулыкъур зыIэригъэхьащ. Саксонием къикIар зы кIэлъыплъыныгъэ гуэри щIэттэкъым. Абы и унафэщIыр пащтыхь гуащэм и закъуэт. Апхуэдэу щыщыткIэ, Биронт. Иужьрейм Шёмберг а къулыкъум щигъэувакIэ, нэмыцитIым зыхуей псори ящIэ хъунут. Я IуэхущIафэхэм я нэхъыбэ дыдэр зыхуэгъэзари мылъку зралъэфэлIэнырт. Мис абыхэм ящыщу нэхъыщхьэр.
Шёмберг къилъытащ бгым елэжь промышленностыр къанэ щымыIэу приватизацэ ящIыну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, мис иджы хуэдэу зы IэнатIэр цIыху щхьэхуэхэм иратырт. Дэтхэнэ заводри зыIэрыхьэнур хэзыхыр, дауи, езы Шёмбергт. КъыбгурыIуэну гугъутэкъым ар пщIэншэу зыми зэрыхуэмыупсэнур. 
Абы къыдэкIуэу нэмыцэ «IэщIагъэлIым» игъэуват дэтхэнэ лъэщапIэри пуду ящэну. Мыри зыхуэгъэзар щхьэхуещагъэрт: Саксонием къикIам и мурадт Уралым щыIэ Благодать бгым къыщызэIуаха заводхэр езым зыIэригъэхьэну. А щIыпIэхэр гъущI рудахэмкIэ егъэлеяуэ къулейти, арат лъэщапIэхэм я уасэхэр щIриудыхри. 
КIуэ пэтми, «IэщIагъэлIыр» нэхъри къызэрыкIырт. Иджы абы къигъэувырт завод псори зращэхэм игъащIэкIэ къыхуагъэнэну, нэгъуэщIу жыпIэмэ иратыпэну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр зылъысахэр хуит хъурт зыхуей дыдэр ящIэну: абыхэм я мылъкум зыри еIусэфынутэкъым. Нэхъ телъыджэжыр лъэщапIэхэр хэти иращэ зэрыхъунурт, уеблэмэ, нэгъуэщI къэралхэм щыщхэми!
Абы къикIырт я къулеигъэхэр, езы урысейхэр мыхъуу, хамэхэми яIэщIыхьэнымкIэ шынагъуэ щыIэу. Абы щыгъуэми, Пётр I и лъэхъэнэм Урысейм къэкIуауэ империем хуэлажьэхэр икIи къэна щIагъуэ щымыIэу империем и властхэмрэ хабзэхэмрэ зи бжьым щIэтхэртэкъым зи гугъу ящIыр: Шёмберг къыхилъхьэр нэгъуэщIт. Абы къилъытэрт заводхэр нэгъуэщI къэралхэм я цIыхухэу езыхэм я щIыналъэхэм щыпсэухэм икIи щылажьэхэми иращэ хъуну. КIэщIу жыпIэмэ, а нэмыцэм и мурадыр къехъулIамэ, Урысейм и экономикэр къанэ щымыIэу хамэхэм я кIэлъыплъыныгъэм щIэувэнут. Езы Урысей къэралыгъуэри зэрапхъуэнут.
Дауи, апхуэдиз напэншагъэхэр зэхэзыщIыхь бзаджащIэм щыгъупщэртэкъым езым къыдэIэпыкъухэр. Ар хуейт бгым елэжь промышленностым къулыкъу щызыIыгъхэми заводхэр лъагъэсын хуейуэ. Дауи, зи акъыл зэтес дэтхэнэми и дежкIэ гурыIуэгъуэт абы IэнатIэм мылъкур нэхъуеиншэу щызэрапхъуэныр къызэришэнур. Дауи, Саксонием къикIам псом хуэмыдэу и гъащIэр елъытат лъэкIыныгъэ псори зыбгъэдэлъ Бирон. Арат «IэщIагъэлIыр» езым и ныкъуэкъуэгъухэм яхуимыудыжын зыщIыр. Жэрдэм псоми Бирон и арэзыныгъэ хэлъу жиIэрти, абы зыри къыпэрыуэ хъуртэкъым. Ар, дауи, пщIэншэ хъуртэкъым. Тхыдэдж икIи къэрал лэжьакIуэ Татищев Василий иужькIэ жиIэжащ Шёмберг псори зэхэту Iулъхьэу сом мин 400 Бирон иритауэ. А зэманым ар егъэлеяуэ мылъкушхуэ дыдэт: езы Урысейм и бюджетыр псори зэхэту зэрыхъур сом мелуанипщI зыбжанэт! 
Империем и насыпти, апхуэдэ хьэгъэщагъэхэр щIэх дыдэу иухащ. Бгы промышленностыр приватизацэ щащIар 1739 гъэрщ, зы илъэс дэкIри лIащ а псори зи делагъэ къихьа пащтыхь цIыхубз Аннэ.
 Ар дунейм зэрехыжу традзри, Сыбырым яхуащ герцог Бирон. ЗытIэкIурэ властыр иIыгъащ император Иоанн. Ауэ ар сабийти, зыкIи сэбэпи зэрани хъуфакъым. 1741 гъэм дыгъэгъазэм гвардиер и щIэгъэкъуэну властыр зыIэригъэхьащ Пётр Езанэм ипхъу Елизаветэ. Абдеж Шёмберг и Iуэхухэр занщIэу къызэIыхьащ. Пащтыхь зэрыхъуу, Елизаветэ сенатым и комиссэ щхьэхуэ къызэригъэпэщащ, Саксонием къикIа нэмыцэм зэхищIыхьахэр зэхигъэкIыну. Комиссэм хэт псоми хьэкъ ящыхъуащ псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэнум хуэдизу Шёмберг Урысейм и мылъкур Iисраф зэрищIар. Ар и къулыкъум трахури ягъэтIысащ. Абы «приватизацэ» ищIа завод псори къэралым иратыжащ. Империем ирита хэщIыныгъэм папщIэ абы сом мин 200-кIэ етхьэкъуащ. Ар ипшыныжа иужь, 1745 гъэм Бирон Урысейм ирахужащ.
Пэжу, мылъкур зэрапхъуэныр абдеж щиухакъым. Нэмыцэ хьэжьвакъэжьышхым и пIэ иуващ лъэпкъкIэ урысхэр: Шуваловхэ, Воронцовхэ, Чернышевхэ. Ахэри IейкIэ цIэрыIуэ хъуащ, Урысейм и къулеигъэхэр нэхъуеиншэу зэрызэрапхъуамкIэ. 
ШАЛ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: