Шы гъэхъуным теухуа хабзэщIэ

Нобэ республикэм и мэкъумэш-фермер хозяйствэхэм шы гуартэшхуэхэр егугъуу щызэрахуэ. Мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ ахэр, адрей Iэщышхуэхэм ящIыгъуу, гъэмахуэ хъупIэхэм яшэ, бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм шэщхэм щIэтщ. ТIум щыгъуэми абыхэм гулъытэ яхуэщIынырщ къащта хабзэр зытегъэщIари. 

«ГъавэхэкIхэм я фIагъыр къэзыпщытэ центр» къэрал IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, шыхэр Iыгъыным, гъэбэгъуэным, абыхэм я узыншагъэм кIэлъыплъыным теухуауэ Урысейм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм хабзэщIэ къыхилъхьащ. Ар ягъэзэщIэнущ 2024 гъэм фокIадэм и I пщIондэ.
Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, мэкъумэш-фермер предприятэ инхэми уней хозяйствэхэми щагъэхъу шыхэм дамыгъэ щхьэхуэхэр ятедзауэ учётым щытын, ахэр щаIыгъ щIыпIэхэр къэхухьауэ, дезинфекцэ хуэIухуэщIэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ, нэгъуэщI псэущхьэхэр имыхьэфу щытын хуейщ, иужьрейхэм япкърытынкIэ хъуну уз зэрыцIалэхэм шыхэр щыхъума хъун папщIэ. Къащта хабзэм апхуэдэу къегъэув шэщхэмрэ административнэ унэхэмрэ зэпыIухауэ щытын зэрыхуейри. Псалъэм папщIэ, хозяйствэр зейм шитI фIэкIа имыIэмэ, мардэм тету, псэупIэ унэмрэ шэщымрэ я кум метрищ, шыхэм я бжыгъэр 150-м нэсмэ - мери 100 дэлъын хуейщ.
Шыхэмрэ адрей Iэщхэмрэ зэгъусэу ягъэхъумэ (жэмхэм, мэлхэм, бжэнхэм яхэту), абыхэм я дэтхэнэми увыIэпIэ щхьэхуэ яхузэгъэпэщыпхъэщ. Ауэ шыхэр джэдкъаз щагъэхъу щIыпIэхэм щыпIыгъыныр хабзэм къемызэгъ Iуэхуу дяпэкIэ къалъытэнущ. КъищынэмыщIауэ, шы къэс иIэн хуей дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуауэ щытын хуейщ ахэр псафэ щашэр, ирагъэшхымрэ щагъашхэ зэманымрэ, щагъэхъуакIуэ, куэншыбыр щызэтралъхьэ щIыпIэхэр, ахэр щаIыгъ шэщхэм я инагъыр. Иджыри зэ фигу къыдогъэкIыж - хабзэм псори техьэн хуейщ 2024 гъэм фокIадэм и 1-м нэсыху.
 

ШЭРЭДЖ Дисэ.
Поделиться: