Дэнэ лъэпкъ щхьэхуэхэр къыздикIар?

Ди къэралым хуэдэу зи гъунапкъэхэр ин дуней псом теткъым, ауэ апхуэдиз щIымрэ псымрэ я зехьэнри тыншу къекIуэкIакъым. Зэман жыжьэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, абы папщIэ къагъэсэбэпын хуей хъурт Iэмал щхьэхуэхэр, уеблэмэ хабзэм щебакъуи щыIэу. Дауэ мыхъуми, ящIэр щIащIэр Урысей къэралыгъуэм и зыужьыныгъэмрэ цIыхухэм я псэуныгъэр егъэфIэкIуэнымрэт.
Урысейм къыхыхьэ щIым щIыгъут абы тес лъэпкъхэри, ахэр занщIэу а пащтыхьыгъуэм и цIыху хъун хуейт, абы и унафэмрэ и жьауэмрэ сыт и лъэныкъуэкIи щIэтыну я къалэну. VIII лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу урыс пащтыхьыгъуэм и гъунапкъэхэм зыщаубгъуащ Сыбырым къыщыщIэдзауэ Ипщэ щIыналъэхэмкIэ иухыжу. Абыхэм къалэ быдапIэхэр щаухуэ щхьэкIэ, Iуэхур псынщIэу кIуатэртэкъым. Абы къыхэкIыу щIы IэнэщIхэм тепсэухьын цIыху къэгъуэтын хуейт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ 1732 гъэм Псыжь и Iэхэлъахэм щыIэ тафэ нэщIхэм залымыгъэкIэ ирагъэтIысхьащ Дон Iуфэ Iус къэзакъхэм ящыщу унагъуэ 1000. АрщхьэкIэ ахэр зэращыгугъам хуэдэу къыщIэкIакъым: къэзакъхэм я щIыналъэр хъарзынэу яхъумэ щхьэкIэ, щIыр тэмэму къахуэгъэсэбэпыртэкъым. Урысейм и къэкIуэнур зэлъытыжар абы телэжьыхьынымрэ фейдэ къытехынымрэт. Псори ауэ къэгъэнауэ, а щIыналъэхэм игъащIэ лъандэрэ щыпсэу тафэтес лъэпкъхэм зыкIи къакIэрымыхуу, къэзакъхэр ятеуэу, яхъунщIэу хуежьащ зи гъуэгуанэр а щIыпIэхэм хуэзэ сатуущIхэр.
Пащтыхьыгъуэм и тетхэм къагурыIуат лIыщIапIэм кърашу, хуитыныгъэ зрата мэкъумэшыщIэхэри а щIыпIэхэм бгъэIэпхъуэ зэрымыхъунур. Арати, я гупэр КъухьэпIэмкIэ ягъэзащ – абыкIэ цIыхухэр нэхъ щыщхьэхуитт. Теоретикхэм ящыщу а Iуэхур япэу къыхэзылъхьари Ломоносов Михаилт. Ар абы къыхигъэщащ «Урыс лъэпкъыр хъумэнымрэ абы щыпсэухэм я бжыгъэм къыхэгъэхъуэнымрэ» зыфIища и IэдакъэщIэкIми. ЩIэныгъэлI Iущым гу лъитат Европэм щекIуэкIа илъэсибл зауэм цIыху куэд къулейсыз зэрехъулIам. Абыхэм яхэтт тхьэмыщкIагъэм къыхэкIыу зи хэкур зыбгынэну хуей Iэджэ. I762 гъэм и дыгъэгъазэм пащтыхь гуащэм Iэ щIидзащ «НэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэр, журтхэм къищынэмыщIа, Урысейм къихьэу щыпсэуну хуит зэращIымкIэ» манифестым. Апхуэдэ хуитыныгъэ иратырт Урысейм икIауэ къэзыгъэзэжыну хуейхэми. А дэфтэрыр къухьэпIэм щыпсэу лъэпкъ псоми яхуэгъэза пэтми, Екатеринэ ЕтIуанэм, дауи, нэхъ зытригъащIэр езыр къызыхэкIа нэмыцэхэрт. Ар иужь ихьащ абыхэм я хэку зэтекъутам и цIыху лэжьакIуэ, мэкъумэшыщIэ нэхъыбэ къызэрыришыным икIи а Iуэхум телэжьэн Компание щхьэхуэ къызэригъэпэщащ, Регенсбург рейхстагым и урыс лIыкIуэ (резидент) Смолин Иван и унафэщIу.
Баварием къыщыщIэдзауэ Гамбург нэсыху къыщызэIуахащ цIыхухэр щызэхуашэс щIыпIэхэр. Абыхэм псалъэмакъ драгъэкIуэкIырт, Урысейм куэдкIэ нэхъ гъащIэ дахэ къазэрыщыпэплъэм шэч къытрамыхьэжын хуэдэу. Абыхэм къекIуалIэ колонистхэр кхъухькIэ Кронштадт нагъэсырт, адэкIэ псы гъуэгу защIэкIэ Индыл и тафэ гъунапкъэншэхэм къыщыхутэрт. Апхуэдэ къалэныр зи пщэм далъхьа Компанием къыгурыIуэрт Iуэхур апхуэдэу куэдрэ екIуэкI зэрымыхъунур: дэтхэнэ зы лъэпкъми и цIыхур къыкIэщIэпшыныр къызэрыхуамыдэнум имызакъуэу, щIыналъэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэми зэран хуэхъунут. Абы къыхэкIыу, Iуэхум нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ щыбгъэдыхьэри, джакIуэ щэхухэр къагъэсэбэпу щIадзащ, арщхьэкIэ, куэд дэмыкIыу абы гу лъызыта щIыналъэ унафэщIхэр къапэуващ. 1766 гъэм Компанием и лэжьыгъэр зэпигъэун хуей хъуащ, арщхьэкIэ пащтыхь гуащэм ищIэнур ищIат - а зэманым ирихьэлIэу Рейн и Iуфэхэр ябгынэу цIыху минипщI бжыгъэхэр Индыл и тафэхэм щетIысэхыну хунэсат. ИлъэсиплIым къриубыдэу абыхэм хухаха Астрахань губерниер псэупIэ яхуэхъуащ нэмыцэ мин 30-м. Абыхэм я зэхуэдитIыр мэкъумэшыщIэт, ауэ яхэтт химикхэри, фармацевтхэри, вакъащIэхэри, макъамэтххэри…
Къалащхьэм уикIыу тафэ узэщIахэм унэсыным мазищ гъуэгу щыдэлъ щыIэт. Гъуэгу тетхэр пIалъэкIэ къыщыувыIэн хуей хъурт урыс унагъуэхэм. Абыхэм зэрахэс зэманым къриубыдэу хэхэсхэм зрагъащIэрт дяпэкIэ зыхэсыну лъэпкъым я бзэмрэ къадекIуэкI хабзэхэмрэ. КъищынэмыщIауэ, ахэр зэзышалIэ урыс мэкъумэшыщIэ унагъуэхэми а Iуэхум ахъшэ хъарзынэ къыхахырт.
Къахыхьа лъэпкъхэм тхьэрыIуэ ята нэужь, манифестым къызэрыщыгъэлъэгъуам тету, къыщIагъэгугъа льготэхэр иратырт: илъэс 30-кIэ налог къатехуэртэкъым, унэ ираухуэн, зыхуеинухэр къащэхун, езыхэм хасэ япэ гъавэр къытрахыху зрикъуну ерыскъыр къызэращэхун ссудэ илъэси 10-кIэ иратырт, хэхъуэ темылъу. Ауэ колонистхэмкIэ псом нэхърэ нэхъ гуфIэгъуэр дзэ къалэныр зэрыщхьэщахымрэ езыхэм я дин зэрахьэжыну хуит зэращIымрэт. Уеблэмэ, абыхэм зэрахьэ диныр лъэныкъуэ зыбжанэу гуэшауэ зэрыщытым теухуауэ жылагъуэхэри ягъэтIысащ. Хуэмурэ къэунэхуа нэмыцэ къуажэхэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, адрейхэм къахэщырт. Ахэр къабзэт, я уэрамхэр бгъуфIэт, къуажэ утыкухэм я тхьэ елъэIупIэхэр итт, псори зытращIыхьыжа мэкъумэш лэжьыгъэми абыхэм хуэдэу хуэIэкIуэлъакIуэ къэгъуэтыгъуейт.
Апхуэдэ нэмыцэ къуажэхэм фэщыгъэу иратыр ахэр здагъэтIыса щIыпIэхэм, псыежэххэм къатепщIыкIауэ щытын зэрыхуейр унафэкIэ щIэгъэбыдэжауэ щытт. Къуажэ унафэщIхэм я нэIэм административнэ, суд, хозяйствэ Iуэхухэр щIэт щхьэкIэ, манифестым ипкъ иту къыщIагъэгугъа куэд ямыгъэзэщIэжу къэнащ. Хэхэсхэм протестант диныр зезыхьэ куэд яхэтт. Ахэр а диным сыт щыгъуи жыIэдаIуэу щытыным, къаугъэм къыпэкIухьыным къыхуреджэ. Арати, а цIыху жыIэдаIуэхэмрэ абыхэм нэплъэгъуэ езымыт урыс унафэщIхэмрэ псалъэмакъыншэу зэдэгъуэгурыкIуэ хъуащ. Колонистхэм я къалэн нэхъыщхьэр, зэрыжытIащи, щIым телэжьыхьынырт. Индыл и тафэхэм дуней щытыкIэр зэрыщыткIийм (гъэмахуэр уэгъут, щIымахуэр уает), щIым и зэхэлъыкIэми зэремысам емылъытауэ, колонистхэм гъавэ нэхъыбэ къытрахырт абыхэм я гъунэгъу урысхэм нэхърэ. СыткIи мынэхъыфIынрэт - щIыр зэравэ Iэщэхэм къыщыщIэдзауэ гъавэр зэраIуэ IэмэпсымэхэмкIэ иухыжу гъущI къабзэм къыхэщIыкIат. Абы мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэр къащигъэпсынщIэрт, вэн-сэныр, гъавэр къехьэлIэжыныр нэхъ пасэу зэфIагъэкIырт. Апхуэдэу я гъавэ хъумапIэхэр зэпэщт, кIэрыхуншэуи кърахьэлIэжыфырт. КъищынэмыщIауэ, нэмыцэхэм къыздахьащ ди губгъуэхэм ипэкIэ щамыщIа къэкIыгъэхэр. НэгъуэщI лъэныкъуэкIи щапхъэ щытрахи щыIэт. Псалъэм папщIэ, абыхэм щIэх дыдэу зэтраублащ хъарбыз фо щIыныр, щIакIуэ Iувым вакъэ хуабэ къыхэхыныр, н. къ. Нэмыцэхэм я псэуныгъэр хъарзынэу зэтраухуа пэтми, ахэр я гъунэгъухэм ядэтыншу пхужыIэнутэкъым: къалмыкъхэри, нэгъуэщIыпIэкIэ къикI хъунщIакIуэхэри щIэх-щIэхыурэ къатеуэрт. Ауэ псом нэхърэ нэхъ лей абыхэм къатезыгъэхьар Пугачёв Емельян и лъэхъэнэрщ. А зэманым колониехэм я нэхъ къулей Сарепте жылэшхуэр зэхадыгъуэри ежьэжащ. Нэхъыбэу ари зыщIар а къалмыкъ дыдэхэрт: урысыдзэр мо къежьахэм япэщIэтыху, мыдрейхэм нэмыцэ къуажэхэр яунэщIу, я цIыхухэр гъэр къащIрэ ящэу хуежьащ.
VIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм апхуэдиз гугъуехьым пхыкIа колонистхэм я хозяйствэхэр къагъэщIэрэщIэжу гъавэ бэв щIым къытрахын яхузэфIэкIащ. Абыхэм сыт щыгъуи гъэтIылъыгъэ яIэт, ящэни къахудэхуэрт, 1775 гъэм щыщIадзэри, абы ипэкIэ а щIыпIэм щымыIа тутынри хасащ. Абы къыкIэлъыкIуэу къызэIуахащ щэкI щызэIуащэ фабрикэ. Абы къыщIигъэкI сарпинкэ щэкIым апхуэдизу щIэупщIэ иIэти, фабрикэр Сарепте жылэм дахыу Саратов къалэм яхьын хуей хъуащ - абы тыкуэн куэд дэтт, сату Iуэхум зыщиужьынут. Нобэ куэдым яфIэфI горчицэри япэу щащIар «Сарепта» заводырщ. Ноби а япэ щапхъэм тету ар Волгоград къыщыщIагъэкI.
XIX лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ нэмыцэ колонистхэр жыджэру хыхьащ Урысейм и промышленностым зегъэужьыным. Абыхэм я фIыщIэщ япэу къызэIуаха, фэм щелэжь, фошыгъу, тхъуцIынэ, сырэ (жигулевское), гуэдз хьэжыгъэ къыщыщIагъэкI заводхэр. Нэмыцэ промышленность зызыужьам и къалащхьэ хъуащ Саратов къалэр. Я шхыныр я пщIэнтIэпскIэ къэлэжьыным я гъащIэр зэрытеухуам гъуэгу къаритащ хамэ щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъуахэм.
Нэмыцэ колонистхэм я лъабжьэр Урысейм щагъэбыдэным гугъуехь мащIи дашэчакъым. Александр ЕтIуанэм и лъэхъэнэм абыхэм къанэ щымыIэу Iахыжащ Екатеринэ ЕтIуанэм яхуигъэувауэ щыта льготэхэри, гъащIэм нэгъуэщI нэкIэ еплъын хуейуэ къыхуагъэуву. Абы щхьэкIи къэмынэу, езыхэм я гъуэгу пхашыжыфащ, къыздэIэпхъуа къэралым и экономикэ щытыкIэр егъэфIэкIуэным хэлъхьэныгъэфIхэр хуащIу, къадекIуэкI я хабзэхэр яхъумэу, зыхагъэтIысхьа лъэпкъхэм мамыру зрагъэзэгъыу. АбыкIэ Совет къэралри нэмыцэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуа мыхъумэ, зэи дикъузакъым. Абыхэм езым я автономие яIэжащ. Мы дунейм зы къэрали теткъым хэхэсхэм апхуэдэ хуитыныгъэ иритауэ.
Ди Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэтщтэнщи, ди жылэхэми нэмыцэ унагъуэхэр ноби дэсщ. Къэрал лъэлъэжыгъуэм абыхэм ящыщ куэд Германием Iэпхъуэжащ. Языныкъуэхэр яфIэгъэщIэгъуэну щIоупщIэ ахэр къыздикIам, ауэ куэд щыгъуазэкъым зэман жыжьэм абыхэм Урысейр хэщIапIэу къыщIыхаха щхьэусыгъуэхэм. 
 

 

Зыгъэхьэзырар ЛЪОСТЭН Музэщ.
Поделиться:

Читать также: